|
Статья
вт, 10/04/2018 - 09:12
Сабийхэм тхэквондомкIэ я Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщихьащ Сэралъп Джэримэс.
Зи ныбжьыр илъэситху фIэкIа иримыкъуа Джэримэс килограмм 26-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щызэуащ. Абы и хьэрхуэрэгъу псори хигъэщIащ икIи дыщэ медалрэ япэ нагъыщэ зиIэ дипломрэ зыIэригъэхьащ.
Спортым япэ лъэбакъуэхэр щызыч Сэралъп Джэримэс дохъуэхъу ехъулIэныгъэфIхэр дяпэкIи иIэну икIи лъэпкъыр зэрыгушхуэн лIы нэс къыхэкIыну.
вт, 10/04/2018 - 09:10
СамбэмкIэ дунейпсо чемпион Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ III урысейпсо зэхьэзэхуэ Черкесск къалэм щызэхэтащ. «А» класс зиIэ зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 15-м къикIа спортсмен 220-м щIигъу.
вт, 10/04/2018 - 09:09
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхэт каратэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы медалхэм щыщIэбэнащ щIыналъэм и жылагъуэ куэдым къикIа спортсмен 250-м нэблагъэ.
вт, 10/04/2018 - 09:07
Тыжьей къуажэ (Кыщпэк) тхьэлъэIу-фэеплъ щIыкIэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIа спорт зэхьэзэхуэхэр ирырагъэхьэлIат Урысбий Хьэмидбий и къуэ Астемыр псэужамэ, илъэс 22-рэ щрикъуну махуэм.
вт, 10/04/2018 - 08:58
Зи гугъу фхуэсщIынур шыIэ зыхэлъ адыгэлIщ. Хьэмту Къадиррэ сэрэ 2015 гъэм дызэрыцIыхуащ. Абы лъандэрэ дигухэм лъагъуэ зэхуагъуэтауэ дызэдогъуэгурыкIуэ. Япэ Iуэхуу зэдэтщIахэм ящыщт радиом сригъэблагъэу «Адыгэм и псэукIэмрэ и хабзэмрэ» тхылъым щыщ пычыгъуэхэм нэтыным сыкъызэрыщригъэджар.
вт, 10/04/2018 - 08:52
Илъэс тIощIырыпщIым щIигъуауэ цIыхум ущыдэлажьэкIэ, Iэджэ щIауэ зэгъусэу зы пэш ущыщIэскIэ, и гурыгъугурыщIэхэмкIэ къыщыбдэгуашэкIэ, и IуэхущIафэр щыплъагъукIэ, апхуэдэ цIыхум и шыфэлIыфэр зыхуэдэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Псом хуэмыдэу и гумрэ и псэмрэ зэIухамэ, и псалъэми, и щытыкIэми фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъмэ.
вт, 10/04/2018 - 08:48
«ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI,
Хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ,
Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ -
Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ».
вт, 10/04/2018 - 08:30
Бахъсэн районым и суд участкэ №3-м и хьэкумэщIым 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къищта унафэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм щыщ лэжьапIэншэм тезыру тралъхьат УФ-м и УК-м и 157-нэ статьям и япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа щIэпхъаджагъэр (и сабийхэр зыхэпсэукIын мылъку зэраримытым щхьэкIэ) зэрилэжьамкIэ игъэкъуаншэри. Ар залымыгъэкIэ мази 7-кIэ ягъэлэжьэн хуейт, къилэжьым и проценти 5-р къэралым Iэрыхьэу.
вт, 10/04/2018 - 08:27
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» щIэныгъэфI зыбгъэдэлъхэм я джэгу-зэпеуэ. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Солгаловэ Наталье. «Денди» кафем щекIуэкIа зэпеуэм хэтащ еджапIэ нэхъыщхьэм и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI гупи 9.
вт, 10/04/2018 - 08:24
Республикэм и ветеринар IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэр Iэщымрэ къуалэхэмрэ къапкърыкI уз зэрыцIалэхэм КъБР-м и щIыналъэр, цIыхухэр щахъумэнырщ, фIагъышхуэ зиIэ IэщхэкIхэмрэ гъэшхэкIхэмрэ къэлэжьынырщ.
Страницы
|