|
Статья
вт, 10/04/2018 - 08:13
Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм илъэс къэс зэхуишэс щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр иджыблагъэ Остердамме жылэм щызэхэтащ. Абы ирагъэхьэлIэри, ирагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр икIи зи чэзу зэIущIэр европэ адыгэхэм я деж щекIуэкIащ.
Остердамме къеблэгъат Европэ къэралхэм щыIэ шэрджэс лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар щIыналъэ Хасэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм хэтхэмрэ.
вт, 10/04/2018 - 07:59
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэ.
вт, 10/04/2018 - 07:53
Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент нэхъ зэчиифIэхэр, щIыкIафIэхэр, утыкугъэбжьыфIэхэр хэтынущ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «Студент гъатхэ» фестивалым. Дыгъуасэ щIидзащ фестивалым зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэну хуит ящIыну гупхэр къыщыхах зэпеуэхэр. Ахэр махуиплIкIэ екIуэкIынущ.
вт, 10/04/2018 - 07:38
Североморск къалэм дыгъуасэ щекIуэкIащ тылыр къызэгъэпэщынымкIэ IэнатIэм хиубыдэ «Эльбрус» кхъухьым къэралым и тенджыз флотым и ныпыр зэрыщаIэтам теухуа гуфIэгъуэ. Абы ирихьэлIащ Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, армэм и генерал Булгаков Д.В., Ищхъэрэ флотым и командующэ адмирал Евменов Н. А., Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А., Мурманскэ областым и губернатор Ковтун М. В. сымэ.
пн, 09/04/2018 - 09:14
СКА (Дон Iус Ростов) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 1:0 (0:0). Батайск. «Локомотив» стадион. Мэлыжьыхьым и 4-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.
Судьяхэр Костевич (Курск), Селезнёв (Воронеж), Мирошник (Ставрополь).
«Спартак-Налшык: Щоджэн, Лелюкаев, Тебэрды, Ольмезов, Газаев (КIэдыкъуей, 66), Мэшыкъуэ, Михайлов (Дэхъу, 81), Шаваев, Каркаев (Белоусов, 85), Машэжь (Къурмэн, 83), Бацэ.
СКА: Афанасьев, Рябоконь, Фёдоров (Ермаков, 64), Борисов, Мироник, Гаранжэ, Гыстаров, Клышэ (Наполов, 72), Гусейнов (Гребенюков, 90), Демидэ (Чернышов, 46), Бабаев (Боков, 62).
пн, 09/04/2018 - 09:11
Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Университетская клиника» медицинэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, Евдокимовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт медико-стоматологие къэрал университетым, а еджапIэм и Клиникэ медицинэ центрым.
пн, 09/04/2018 - 09:10
Мэлыжьыхьым и 7-м, Узыншагъэм и дунейпсо махуэм, Налшык щекIуэкIынущ «Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ мини 10» Iуэхугъуэр. Ар хуэгъэзащ цIыхухэр я щытыкIэм кIэлъыплъыжыным гулъытэ хуегъэщIыным.
пн, 09/04/2018 - 09:06
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, категорие нэхъыщхьэ зиIэ Бырхьэм Анатолэ илъэс 50-м щIигъуауэ и IэщIагъэм хуэпэжу мэлажьэ. А зэманым къриубыдэу, шэч хэмылъу, ар цIыху куэдым сэбэп яхуэхъуащ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу гъащIэм хигъэплъэжащ. Бырхьэмыр зыцIыхухэм зэрыжаIэмкIэ, къэхъуакъым абы IуэхукIэ бгъэдыхьа щигъэщIэхъуа: зэрыхузэфIэкIкIэ дэтхэнэми доIэпыкъу, нэхъыщхьэращи, дохутырым хэлъын хуей хьэлыфI псори абы дыболъагъу.
пн, 09/04/2018 - 09:01
Бакулевым и цIэр зезыхьэ Гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэм КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ республикэм и цIыхухэм я узыншагъэр къыщапщытащ Кардиологие центрым и деж.
пн, 09/04/2018 - 08:57
Дэтхэнэ зы цIыхуми и гъащIэм щынэхъыщхьэр абы бгъэдэлъ къулеягъэркъым е жылагъуэм щиIэ пщIэракъым, атIэ фIыгъуэ лъапIэу иIэ узыншагъэращ. ГъащIэр зыхуэдэнур зэлъытыжар абы и щытыкIэрщ. Узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэныр, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхуныр и щхьэусыгъуэу махуэ хэха ягъэуващ.
Страницы
|