Календарь событий

12 декабря 2018

Гу зылъытапхъэ

«Адыгэ псалъэ» газетым и къыкIэлъыкIуэ номерыр къыщыдэкIынур дыгъэгъазэм и 15-рщ.

Я фIэщ ухъумэ

Темыркъан Юрэ и гупсысэхэр

Сэ фIыуэ къызгуроIуэ: зэпеуэм япэ саугъэтыр къыщыпхьыныр пщIэшхуэщ - гъуазджэр къысхуэупсауэ аращ абыкIэ. Абы и щIыхуэ стелъщ сэ: япэ саугъэтым къысхуихьар гуфIэгъуэм и закъуэкъым - си пщэм къалэнышхуэ къызэрыдэхуари зыхэсщIащ абы щыгъуэ. Япэ саугъэтыр къысхуагъэфэщауэ щызэхэсхам, щтэIэщтаблэ сыхъуауэ щытат, уеблэмэ сыкъэшынат.

Коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ

Коррупцэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм теухуа семинар иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн районым и щIыналъэ администрацэм. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Бахъсэн районым и прокурор Бэшорэ Аслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым конституцэ, административнэ правэмкIэ и кафедрэм и доцент Исхьэкъ  Аслъэн, район администрацэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэмкIэ, спортымкIэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм я депутатхэр.

Темыркъан Юрэ илъэс 80 ирокъу Макъамэр зи гъащIэ гъусэ

Зи гугъу фхуэсщIыну лIы щэджащэм папщIэ псалъэ зытIущ стхынщ жысIэу сыщытIысым, си гум къэкIар зыщ - си анэ дыщэу СэIихьэт гущэкъу уэрэдрэ пшыналъэ дахэу сызыщIипIыкIарщ. Ар анэ быдзышэм дэщIыгъуу си гъащIэм къызэрыхыхьарщ. Си адэм жиIэу щытащ: «АдыгэлIым Тхьэм и натIэм къритха насыпым дэщIыгъуу гъущI гуахъуэмрэ шэмэджымрэ и мыIэпэгъумэ, ар адыгэлIу убж ­хъунукъым». Абы дыщIипIыкIащ, абы дыхуиущийуэ дыкъэхъуащ быниблри. Ауэ Алыхьым ­иухам уфIэкIынукъым.

Кавказ шуудзэм хэта офицерхэмрэ Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща адыгэ лIыхъужьхэмрэ

 XVI лIэщIыгъуэм икухэм, адыгэ-урыс зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъым къыхэкIа куэдым урысыдзэм къулыкъу щащIэу, Урысей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увыным я зэфIэкIи я гуащIи халъхьэу щытащ. Абыхэм мымащIэу къахэкIащ къулыкъушхуэ зыIыгъахэр. Апхуэдэхэщ Идар Темрыкъуэ и лIакъуэхэу Сэнджэлей, Къамбулэт сымэ, нэгъуэщIхэри.

Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр

(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 5-мрэ и 7-мрэ къыдэкIахэм итщ).

Ещанэ Iыхьэ. ЩIы хъурейм щытепщахэр

Бильге зэкъуэшхэр
 

Черкасскэ пщыхэм я лъэпкъ дамыгъэр

«Урысеипщхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр» тхылъым и етIуанэ томым 1798 гъэм къытехуауэ щытащ ар.

Нобэ

Дыгъэгъазэм и 12, бэрэжьей

Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ. 1993 гъэм цIыхубэ IэIэткIэ къащтащ УФ-м и Конституцэр.
Тыркумэныр зы къэрали и Iуэху хэмыIэбэным и махуэщ
Къыргъызстаным и лъэпкъ литературэм и махуэщ

ЩIыпIэ унафэр зэрызэрагъакIуэм куэд елъытащ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэ­IущIэм Правительствэм щыхухаха зэманым ­хиубыдэу депутатхэр тепсэлъыхьащ «Урысей Федерацэм щIыпIэ унафэр щызегъэкIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» 2003 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м къащта Федеральнэ закон №131-ФЗ-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ Прохладнэ къалэ округым зэрыщагъэзащIэм.

Зыхуадар дэрати, дэ къытхуэнэжащ

Дэнэ щыпсэу адыгэри зыгъэгуфIэн Iуэху къэхъуащ - дуней псор «Черкеска»-кIэ зэджэ ди лъэпкъ фащэр (цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ саери) адыгэм дызэрейм и щыхьэт тхылъ иджыблагъэ къытIэрыхьэжащ.