Календарь событий

30 января 2019

ПIАСКIУЭР УСЫГЪЭ ЩЫПКЪЭЩ

Джатокъуэ Юрэ куэдым фIыуэ ялъагъу усакIуэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ жанхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Юрэ и усэхэр кIэщI дыдэщ, сатыр зыщыплIым фIэкIыркъым, а сатыр кIэщIхэми къыщеIуэтэф гупсысэ куу. Ар щыхьэт тохъуэ Джатокъуэр гъащIэмрэ дунеймрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэм, абыхэм нэ жанкIэ зэрыхэплъэфым, зэрынабдзэгубдзаплъэм.

КъэралитIым я чемпион Хьэпэ Заур

 Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.

Ди щIыналъэм щекIуэкIынущ

«IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (Worldskills­Russia) дунейпсо зэпеуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр иджы ещанэрейуэ ди республикэм щекIуэкIынущ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ субъектхэм я лIыкIуэхэр зыхэтыну зэпеуэр мазаем и 27-м яублэнурэ гъатхэпэм и 3 пщIондэ екIуэкIынущ. Абы теухуа зэхуэс иджыблагъэ щекIуэкIащ     КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

«Илъэсым и волонтёр нэхъыфI»

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и волонтёрхэр иджыблагъэ зэIущIащ, 2018 гъэм зэфIаха лэжьыгъэхэр зыхуэдар къапщытэжыну.

ЩIалэгъуэм, дахагъэм, творчествэм я махуэшхуэ

Урысей студентхэм я махуэр, сыт щыгъуи хуэдэу, гъэщIэгъуэну, гуимыхужу щIышылэм и 25-м щагъэлъэпIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.

Я лэжьыгъэр къапщытэж

Урысей МЧС-м и Iэтащхьэ Зиничев Евгений лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Ставрополь крайм и Железноводск къалэм. Абы щригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщапщытэжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымкIэ, абыхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ зыуэ щыт къэрал IэнатIэм (РСЧС) илъэс кIуам и лэжьыгъэм кърикIуахэр. Апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2019 гъэм къапэщыт къалэнхэр.

ЯфIэкIуэдыр нэхъ мащIэ мэхъу

2018 гъэм «Кавказ Ищхъэрэ МРСК» ПАО-м и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм электрокъарууэ къыIэрыхьащ киловатт-сыхьэт зы мелардрэ мелуан 525-рэ мин 209-рэ. Илъэсым кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, электросетхэм токыу щыкIуэдыр 2017 гъэм елъытауэ процент 0,21-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ.

НОБЭ

Азербайджаным и таможнэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Индием и щхьэхуитыныгъэм щIэбэну хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ
Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я махуэщ
1790 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым щащIащ псым гузэвэгъуэ щыхэхуа цIыхум щыдэIэпыкъукIэ къагъэсэбэп хъуну кхъуафэжьейр.
1801 гъэм император Павел Езанэм Iэ тридзащ Картли-Кахетие пщыгъуэр Урысейм къыхэгъэхьэным теухуа унафэм.

УсакIуэшхуэр ягу къагъэкIыж

Хабзэ хъуауэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжам ирихьэлIэу, пэкIу щекIуэкIащ Налшык щыхуагъэува и фэеплъым деж. Абы щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, тхакIуэр зыцIыхуу щытахэр, и къуажэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр. ПэкIур къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.

Зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм папщIэ льготэхэмрэ шэсыпIэхэмрэ

Пенсэм цIыхур щыкIуэ ныбжьыр нэхъыбэ зэращIам зэуэ зы махуэм хуэкIуэнукъым. 2019 гъэм щегъэжьауэ абы илъэс къэс зэман пыухыкIа щIагъуурэ екIуэкIынущ икIи а зэманым апхуэдэ цIыхухэм папщIэ нэхъ япэкIэ ягъэувауэ щыта льготэхэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэм пыщIа Iуэхухэмрэ хъума хъунущ. Апхуэдэхэм ящыщщ зыхуэфащэхэм хущхъуэхэр пщIэншэу етыныр, гъуэгупщIэхэм я лъэныкъуэкIэ яхудэчыхыныр, мылъкум, щIым ятехуэ налогхэр ящхьэщыхыныр, фэтэрхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын папщIэ къыIах взносхэм, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм кIэрыгъэхуныр.

ЩХЬЭГУЭШ Адэлбий: ПщIантIэхэр зыхуей хуэгъэзэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ

Къалэ пщIантIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIа лэжьыгъэм къэрал бюджетым щыщ мылъку 2020 - 2021 гъэхэми хухахыным тригъэчыныхьынущ «Урысей зэкъуэт» партым.