Календарь событий

13 февраля 2019

Адэжь хэкум щыцIэрыIуэ Натхъуэ Бибрэс

Адыгэ футболистхэм ящыщу нэхъ лъэщ дыдэр Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэсщ. Хамэ щIыпIэм къыщалъхуами, адэжь хэкум ар цIэрыIуэ щыхъуащ икIи Къэзан и «Рубин»-мрэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иджы Алыджым Iэпхъуауэ абы хыхьэ Пирей къалэм и «Олимпиакос»-м ехъулIэныгъэкIэ щоджэгу.

И псэр лъэпкъым хуэушэрт

Адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ Инал и пхъум (1944 гъэм Москва къыщалъхуащ) и анэр урыст, и адэр Къармэхьэблэ къыдэкIа адыгэ щIалэт. Хъыджэбзым къиухащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр, иужькIэ «Юность» журналми Москва и тхылъ тедзапIэ зыбжанэми щылэжьащ.

УсакIуэр ягу къыщагъэкIыж

НыбжьыщIэхэм я библиотекэм, Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «Ношу я в сердце снежные вершины» литературэ-макъамэ пшыхь гукъинэжыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

Попов Павел: Лышхыр цIыхум къыдалъху

Лышхыр XX лIэщIыгъуэм къыдэщIэрэщIа, ди щIыуэпсым и щытыкIэм къыхэкI узыфэу жаIэ.
Сыт-тIэ цIыхур къыхэзыгъэзыхь узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыр, дауэ зыщытхъума зэрыхъунур, лышхым и хущхъуэу къыдагъэкIыр сэбэп хъурэ хьэмэрэ ахъшэгъэкIуэд, сытхэр ди Iэмал? Абыхэм топсэлъыхь медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, урысей онколог Попов Павел.

ЩIэныгъэр ислъам диным зэреплъыр

Адыгеймрэ Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэмрэ я муслъымэн IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, щIэныгъэлI, профессор Шумахуэ Мухьэмэд и «ЩIэныгъэр ислъам диным зэреплъыр» тхылъыр Налшык къыщыдэкIащ.

IуэхуфIу къалъытащ

Ди волонтёр ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым хагъахъуэ.

«Машук-2018» фIэщыгъэм щIэту илъэс кIуам Псыхуабэ щекIуэкIа зэIущIэшхуэм фIым я фIыжхэм ящыщу и цIэ къыщраIуат Нияз Иляс. «Интернет шынагъуэншэ» фIэщыгъэм щIэту абы игъэхьэзыра проектыр зытеухуар мы зэманым и тепщэ хъуа компьютерым, псом хуэмыдэу къыдэкIуэтей щIэблэм дежкIэ зэраныгъэшхуэ къэзышэ языныкъуэ напэкIуэцIхэм зэрызыщахъумэну Iэмалхэрщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Китайм сату дащIынущ

Джэдкъаз гъэхъун IэнатIэм щылажьэ урысей IуэхущIапIэхэм ящыщу 23-м Iэмал ягъуэтащ я продукцэр Китайм ирагъэшэну.

Медицинэ класс къыщызэIуах

Хабзэ хъуауэ, ди республикэм и курыт еджапIэхэм къыщызэIуах IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм нэхъ куууэ щыхурагъаджэ классхэр. Дохутыр IэщIагъэм хуеджэну зи мурад ныбжьыщIэхэр а унэтIыныгъэм епха щIэныгъэхэм нэхъыфIу щагъэгъуэзэн папщIэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Налшык къалэ дэт езанэ гимназием иджыблагъэ къыщызэIуихащ медицинэ класс.

Дзэ Iэпщэрыбанэ зэуэкIэ

«Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ, Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и управленэмрэ и щIэгъэкъуэну Налшык къалэ щригъэкIуэкIащ дзэ Iэпщэрыбанэ зэуэкIэмкIэ 13-нэ турнир, советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуауэ.

Къэпщытэныгъэхэр ягъэткIиинущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ижыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я Iуэхухэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм лэжьэну хуит зыщI лицензэхэр зэрыратымрэ къэралыр псэупIэхэм кIэлъыплъыныр зэрырагъэкIуэкIымрэ.