|
Календарь событий
15 февраля 2019
15 февраля, 2019 - 08:18
Iэпщэрызауэ
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ XIII республикэпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар хухахащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум.
15 февраля, 2019 - 08:15
Китайм и къалащхьэ Пекин 2008 гъэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэм я дыщэ теувапIэм Хъущт Аслъэнбэч лъэ быдэкIэ техьащ, илъэсищэ и пэкIэ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и закъуэу къэзыгъэIурыщIа ди лъэпкъэгъу Хьэшыр Чылар хуэдэу.
15 февраля, 2019 - 08:14
ЩIыпIэ жыжьэхэм
Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ – Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ.
15 февраля, 2019 - 08:13
Ди щIыналъэм
Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум щIыуэпсым хущхъуэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхех. Абыхэм ящыщщ ятIэри. ЯтIэ хущхъуэр лIэужьыгъуэ 700 ирокъу, дэтхэнэми узыфэ зыбжанэ игъэхъужу. Тамбукъан гуэлым къыхах ятIэм нэхъыфI щымыIэу къалъытэ нобэкIэ.
15 февраля, 2019 - 08:12
Гупсысэр - псалъэкIэ
Зеикъуэ жэщхэр
ФщIэуэ пIэрэ фэ зеикъуэ жэщхэр?! Уоу, фэ фщIэркъым зеикъуэ жэщхэр! Уафэгу гъунапкъэншэм къиплъыкI мазэм дыжьын нуру щIым зытреубгъуэ. Хьэуар къабзэщ, салъкъыныр гум деху, епэрымэ зэхэшахэри Iум щабэу йотIысхьэ. Тхьэ жэщщ! Удэзыхьэх жэщщ!
15 февраля, 2019 - 08:10
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и пэшым сыщыщIыхьам зыхэсщIар пхужымыIэным хуэдэт. Абы къыщIэIукI лIыхъужьыгъэ макъамэмрэ блынхэм фIэплъагъуэ сурэтхэм къапкърыкI къарумрэ къыбжаIэрт псэкIэ къулей, лIыгъэ зыхэлъ, къэмылэнджэж цIыхухэр диIэху дыкъызыкъуэгушхукIынрэ дыщIэпагэнрэ дызэрыщымыщIэнур…
15 февраля, 2019 - 08:08
Вэсэмахуэ Налшык и Дэшхуей хадэм афган-интернационалистхэм я фэеплъым деж щекIуэкIащ советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм ящыщ зы.
15 февраля, 2019 - 08:07
Сом триллион 25,7-рэ хухах
Урысейм 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэ пщIондэ щагъэлэжьэну яубзыхуа лъэпкъ проектхэм трагъэкIуэдэнур сом триллион 25,7-рэ хъуну ягъэуващ.
15 февраля, 2019 - 08:05
Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу
Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ жылагъуэ-политикэ Iуэхуу къалъытэу.
15 февраля, 2019 - 08:00
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К.В. и пашэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа делегацэр хэтщ Сочэ къалэм щекIуэкI урысейпсо инвестицэ зэхыхьэшхуэм.
|