Календарь событий

27 февраля 2019

ЛЪЭУЖЬ ДАХЭ

Уэхъутэ Абдулыхь къызэралъхурэ 110-рэ ирокъу

 Уэхъутэ Абдулыхь шэрджэс литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ. И IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ абы лъэкIащ лъэпкъ прозэми усыгъэми заригъэужьын. ЦIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, ар зэуIу щIауэ къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа Уэхъутэм къехъулIащ IуэрыIуатэр и творчествэм IэкIуэлъакIуэу къыщигъэсэбэпыныр.

«Къэбэрдей къаплъэн» Джэду Iэниуар

Тыншу щытакъым Джэду Iэниуар спортым зэрыхыхьа щIыкIэр. Езыр щалъхуа Псыгуэнсу къуажэм и адэ къуэш Анатолэ дригъэщIыхьа бэнакIуэ пэшым япэу щыкIуам и Iэр къутауэ къыщIэкIыжащ. Ирикъунут ар спортым гущыкI ирихуэпщIыну. АрщхьэкIэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфыр ерыщыращ. Япэ фэбжьым къригъэкIуэтакъым Iэниуар икIи и хъуэпсапIэм лъагъуэ дахэ хухишащ.

Сабии 140-рэ щIэхуэну

Хъыбар гуапэ

Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, ди республикэм и къалащхьэм къепха Белая Речкэ жылэм щэбэт кIуам къыщызэIуахащ цIыкIуи 140-рэ зыщIэхуэну сабий гъэсапIэщIэ.

ПцIыр Iуэху джэгукъым

ГурызыгъаIуэ

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м къыдэкIа Федеральнэ закон №501-ФЗ-м ипкъ иткIэ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 205-нэ, 207-нэ статьяхэмрэ Уголовнэ-процессуальнэ кодексым и 151-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Пенсэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ

«Зи ныбжь хэкIуэтахэм Iэмал псори къахузэгъэпэщыпхъэщ тыншу загъэпсэхуным, я узыншагъэм кIэлъагъэплъыным хуэгъэзауэ», - жиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир, Федеральнэ Зэхуэсым иджыблагъэ зыщыхуигъэзам.

ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ.

Армеец ныбжьыщIэхэм я щIыналъэ зэхуэс

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм къыщызэIуахащ ар­меец ныбжьыщIэхэм я урысейпсо ­жы­лагъуэ зэщIэхъееныгъэм и IV щIыналъэ слётыр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэ ныб­жьы­щIэу 100-м щIигъу зэщIэ­хъее­ныгъэм хагъэхьащ.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек: «Курорт-рекреацэ комплексыр республикэм бгъэдэлъ экономикэ зэфIэкIым и Iыхьэ нэхъыщхьэщ»

«Сочэ-2019» инвестицэ зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым утыку къыщрилъхьащ турист-рекреацэ IэнатIэм ехьэлIа проекту сом меларди 9-м нэблагъэ зи уасэхэр. Ахэр зыхуэдэр, промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ ехьэлIа адрей инвестицэ проект инхэм «Интерфакс-Юг» агентствэм ирита интервьюм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.