|
Календарь событий
01 марта 2019
1 марта, 2019 - 08:15
1999 - 2001 гъэхэм къалъхуахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ Владимир къалэм щызэхэтащ. Абы къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъу Мамхэгъ Хьэбас.
1 марта, 2019 - 08:15
Дунейм ехыжащ лэжьакIуэшхуэу, ныбжьэгъуфIу щыта Гузеев Сэфарбий Жэмал и къуэр. Куэд къимыгъэщIами, куэд хузэфIэкIащ, жыхуаIэ цIыхухэм яхуэдащ ар.
1 марта, 2019 - 08:14
Тхэквондо
Улан-Удэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.
1 марта, 2019 - 08:14
Футбол
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и ветеранхэм я щIымахуэ кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэр иджыблагъэ иухащ. Абы текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ «Спартак-Налшыкым» хэтахэм.
1 марта, 2019 - 08:13
Футбол
«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим дызыхуэкIуэ илъэсрэ ныкъуэм щыджэгунущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым и пашэхэм ящыщ Курск и «Авангард»-м. Абы теухуа зэгурыIуэныгъэм лъэныкъуэхэм иджыблагъэ Iэ щIадзащ.
1 марта, 2019 - 08:08
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къардэн Лъостэнбий къызэралъхурэ мазаем и 1-м илъэс 90 ирикъуащ.
Къардэн Лъостэнбий гъуазджэм пасэу дихьэхащ. Абы и фIыщIэ хэлъщ ди республикэм и артисткэ нэхъыфIхэм ящыща Къардэн ХьэкIуцэ.
1 марта, 2019 - 08:08
Тхыгъэ кIэщIхэр
ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым
ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным къемызэгъыу къызэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым.
1 марта, 2019 - 08:07
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикыу щыта Балъкъэр Фоусэт адыгэ лъэпкъым и япэ цIыхубз усакIуэщ.
1 марта, 2019 - 08:07
ЕгъэджакIуэ мелуанищым нэблагъэ
2017 гъэм къызэрабжамкIэ, Китайм исщ цIыху мелард 1,4-рэ хуэдиз икIи щыпсэухэм я бжыгъэмкIэ дуней псом бжьыпэр щызыIыгъыр аращ.
1 марта, 2019 - 08:07
Мазае мазэм Бахъсэн районым щыпсэу цIыхуищым я юбилейр ягъэлъэпIащ.
Абыхэм ящыщ Хъуран Феня Псыхъурей къуажэм щыIа, «Большевик» колхозым илъэс куэдкIэ щылэжьащ, лэжьыгъэм и ветеранщ, тылым и лэжьакIуэщ.
1 марта, 2019 - 08:05
Анэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гъэщIэгъуэн щрагъэкIуэкIащ Налшык къалэ дэт «ДыгъафIэ къалэ» лицейм. Абы кърихьэлIат Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ Ацкъан Русланрэ.
1 марта, 2019 - 08:04
«Адэ-анэхэм ЕГЭ-р щрагъэт зы махуэ» Iуэхум хыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр. Ар къызэрегъэпэщ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я IэнатIэхэм якIэлъыплъынымкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм.
1 марта, 2019 - 08:00
Дзэлыкъуэ щIыналъэр къызэрыунэхурэ илъэс 95-рэ зэрырикъур иджыблагъэ Iэтауэ ягъэлъэпIащ.
|