Календарь событий

20 марта 2019

Къуажэхэр зыхуей хуэгъэзапхъэщ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэ.

ХьэщIэ гъэтIысыкIэ

ПщIэ зыхуэтщI «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и лэжьакIуэхэ! Фэ зыныфхуегъазэ Арщыдан къуажэм щыщ, илъэс 40 хъуауэ школым егъэджакIуэу щылажьэ Къущхьэ Мусэрбий. Си упщIэр зэтеухуар гуфIэгъуэ Iэнэм щекIуэкIын хуей хабзэрщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Инджылызым и Парламентыр арэзы техъуащ я къэралыр Европэ Зэгухьэныгъэм (ЕС) къы­щыхэкIыжыну пIалъэр ягъэIэпхъуэным. Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм абы и телъхьэу Iэ щаIэтащ депутат 412-м, мыарэзыуэ - 202-м. Иджы а Iуэхум хэплъэн икIи унафэ пыухыкIа тращIыхьын хуейщ ЕС-м хыхьэ къэрал 27-м.

Адыгейм и вагъуэ

Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къы­щIэ­кIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд - усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и ­лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэ­Iуащ.

ЩХЬЭКIУЭ ЗЫШЭЧ ЩХЬЭ ШХЫГЪУЭ ЙОХУЭ,

Адыгэпщ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейр кърымыдзэм къызэрыригъэлам теухуа хъыбар телъы­джэм ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэм я жьантIэр къылъос. Ар дунейм щикъухьа адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ куэдым ноби щызокIуэ. Абы теухуа тхыгъэхэр тхыдэ хъумапIэхэм щыIэщ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм итщ, тха­кIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ куэдрэ зэIэпахащ.

Таймаз Гюлджан и «Гунэхур»

Таймэз-Алтан Гюлджан Истамбыл къыщалъхуащ, и адэ-анэр Денизли къалэм хыхьэ Чардак щIыналъэм и Хъейрие адыгэ ­къуажэм щыщщ.

«Сэри адыгэлъщ сщIэтыр»

Кавказым и художник нэхъыфIхэм ящыщ зыт Жэмыфэ (Чемсо) Виктор Мусэ и къуэр (1933 - 1996 гъгъ.).

Топджэгу, гъэсакIуэ икIи щIэныгъэлI Iэзэ Наурзокъуэ Юрэ

Налшык и «Спартак»-м и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы Наурзокъуэ Юрэ и ныбжьыр мэлыжьыхьым и 5-м илъэс 80 ирокъу. Къэралпсо утыку ихьэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр къыщызэрагъэпэщым ар япэу ирагъэблэгъащ, абы и тренер нэхъыщхьэуи тIэунейрэ щытащ.

Урысейм и чемпионатым ирагъэблагъэ

Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ къалащхьэм и чемпионат зэIуха. Зэхьэзэхуэм щызэуа спортсмен 410-м яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бахъсэн Рэмэзан.

Къэралым и щIыпIэ псоми къикIахэр Налшык щызэхуэсат

Налшык и Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ бразил джиу-джитсумкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIат ди къэралым и щIыпIэ псоми къикIа цIыху 200-м нэблагъэ.