|
Календарь событий
10 апреля 2019
10 апреля, 2019 - 08:17
Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 8-м щекIуэкIащ акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и школым и зэIущIэ.
10 апреля, 2019 - 08:17
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыныр зи пщэ дэлъ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу ягъэуващ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий. Абы теухуа унафэм мэлыжьыхьым и 8-м Iэ щIидзащ УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу и къуэдзэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
10 апреля, 2019 - 08:15
Дытесу нэпкъым пщыхьэщхьэм
Дзапэ уэрэд догъэзу,
Мыжыжьэу дблосыкIыр кхъухьхэр,
Уэгум щолъатэ бзур.
КъытхуоплъэкIхэр ахэр нэфIэгуфIэу,
Я гугъауэ дэ дынасыпыфIэу.
10 апреля, 2019 - 08:15
Дуней псом щыцIэрыIуэ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм «Адыгэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ епхауэ зэхэтхыху, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам дыщIэупщIэныр езыр-езыру пщэрылъ тхуохъу. Апхуэдэ зы щапхъэщ адыгэ макъамэтх, УФ-м и къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн и фIыгъэкIэ хэIущIыIу хъуа, Австрием щыщ композитор цIэрыIуэ Штраус Иоганн (къуэм) и Iэдакъэ къыщIэкIа «Шэрджэс маршыр».
10 апреля, 2019 - 08:14
Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
10 апреля, 2019 - 08:12
Бахъсэн къалэм террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм иджыблагъэ школакIуэхэр IуигъэщIащ а щIыпIэм и спортсмен цIэрыIуэхэм.
10 апреля, 2019 - 08:12
Балакирев Милий (1837 - 1910) «Гуп лъэщ» («Могучая кучка») жыхуаIэ композитор зыбжанэм ящыщт, уеблэмэ я къызэгъэпэщакIуэу къэплъытэ хъуну. Адыгэ пшыналъэхэм зыкIи емыщхь абы и композитор лэжьыгъэхэр ди дежкIэ гъэщIэгъуэн зыщIыр абы «Ислъэмей» зыфIища и макъамэращ.
10 апреля, 2019 - 08:10
Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ административнэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щыхэплъащ суд зытращIыхьахэр и пIалъэр къэмысу яутIыпщыжыным, ямыпшына тезырыр нэхъ щабэкIэ зэрахъуэкIыным.
10 апреля, 2019 - 08:08
2018 гъэм шыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм и плъыр частым къэпсэлъащ Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тыкуэнхэм ящыщ зыр зейр.
10 апреля, 2019 - 08:08
Урысей МВД-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм и участковэ уполномоченнэхэм я нэIэм щIэт административнэ щыпIэр къыщызэхакIухьым къыщIагъэщащ Хьэтуей къуажэм Лениным и уэрамым тет унэр зей къуажэдэсым езыр-езыру газ кIуапэм бжьамий пидзауэ.
Нэхъапэми а цIыхухъур административнэ жэуапым ирашэлIауэ щытащ апхуэдэ IуэхукIэ.
Хабзэм ебэкъуам теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Ар ягъэпшынэнущ е илъэситIкIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.
10 апреля, 2019 - 08:07
УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Минги Тау» журналым прозэмкIэ и къудамэм и унафэщI, зи тхыгъэхэр курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щадж Шаваев Хьэсэн и «Волны жизни» тхылъыр иджы дыдэ къыдэкIащ.
10 апреля, 2019 - 08:05
Гъатхэпэм и 25-26-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щекIуэкIащ «Нальчик-подкова счастья» фIэщыгъэм щIэту Арткомитетым къызэригъэпэща еханэ дунейпсо зэпеуэ. Ар хуэгъэпсат лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, ди республикэр Урысей Федерацэм, хамэ къэралхэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыщегъэцIыхуным.
10 апреля, 2019 - 08:02
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, ХудожествэхэмкIэ дунейпсо академием хэт, скульптор, сурэтыщI Ахматов Леуан и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ абы и ныбжьыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу.
10 апреля, 2019 - 08:00
Адыгэр дызэрыгушхуэн спортсмен куэд диIэщ. Дуней псом къыщацIыху Олимп чемпионхэу Шыхъуэ Борис, Чыржын Мухьэрбий, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн сымэ, Махуэ Билал къыхэзыгъэщIэфын бэнакIуэ иджыпсту ЩIы хъурейм теткъым…
|