Календарь событий

17 апреля 2019

Къэралым и япэ дунейпсо чемпион Шыхъуэбахъуэ Анзор

Каратэ кёкусинкай лIэужьыгъуэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, РСБИ-м и «Дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща ди лъахэгъу Шыхъуэбахъуэ Анзор. Аращ ди къэралым щыщу япэ дыдэу дуней псом чемпион нэс (абсолютнэ чемпион) щыхъуар.

Къэралым и чемпионатым ирагъэблагъэ

Хасавьюрт къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.

Ди щIалэхэм хэгъэрейхэр хагъащIэ

ММА

 Грознэ къалэм дэт «Колизей» спорт комплексым щызэхэтащ ММА «Young eagles 8» профессионал зэзауэхэмкIэ зэхьэзэхуэ. Абы утыку къыщихьахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен зыбжанэ. Ди щIалитI щызэуа гупым пашэ щыхъуащ.

Лъэпкъыбзэм и кIыщ

Бзэр лъэпкъым и мэIуху нэхъыщхьэщ, ар цIыхум и гулъащIэм щигъафIэ, псэр хьэ­щыкъ зыщI, гъуазэ, хъуэпсапIэ телъыджэхэр къы­зэригъэщI Iэмэпсымэщ. Ар щIыуэпсым къыпкъ­рыкI гурыщIэщ, макъамэ щхьэхуэурэ пасэрей цIыхухэм ягъэпсар къащIэхъуэ щIэб­лэхэм зэIэпахыурэ ди деж къахьэсауэ. Абы и пэжагъыр къегъэлъагъуэ щIыуэпсым и макъ псоми дежьууф адыгэбзэм. Дунейм зыры­зыххэщ лъэпкъыу тетыр, адыгэхэм хуэдэу, я бзэм и макъхэр хэмыщIIауэ ихъумэфауэ.

Балъкъэр лъэпкъым и узэщIакIуэ

Балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, лъэпкъым и узэщIакIуэ, абы и литературэм и классик Мечиев Кязим къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 160-рэ ирокъу.

Абджыпсым хуэIэзэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Ингуш Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Батаев Михаил и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум теухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

Республикэм и телевидениер бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологием хуэкIуащ

Телевидением зегъэужьынымкIэ республикэр лъэхъэнэщIэм зэрыхыхьам и дамыгъэ Iуэху Налшык дэт радиотелецентрым щекIуэкIащ. А махуэм КъБР-м и щIыналъэм щагъэувыIащ аналоговэ вещанэр икIи бжыгъэхэр зи лъабжьэ телевиденэм щыхуэкIуащ.

Гъуэгуанэ купщIафIэ

Май район

Май къалэм  дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ щIыналъэ сабий библиотекэр къызэрызэIуахрэ илъэс 70 зэрырикъур.

Дунейм щыхъыбархэр

Сом мелард 65,7-рэ хъу хэщIыныгъэ

Iулъхьэ зэIэпыхыным пыщIа щIэпхъаджагъэу Урысейм илъэс блэкIам щалэжьауэ къыщIагъэщахэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. Къэралым и прокурор нэхъыщхьэ Чайкэ Юрий зи унафэщI IэнатIэм илъэс кIуам зэфIигъэкIахэм ятеухуауэ иджыблагъэ ищIа докладым апхуэдэу щыжиIащ.

Адыгэ эстрадэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Жырыкъ Заур

ДифI догъэлъапIэ

 Илъэс 13-м иту макъамэ зэхэлъхьэн щIэзы­дза Жырыкъ Заур адыгэ эстрадэ уэрэдым и ­лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщу къалъы-тэ. Япэ профессиональнэ уэрэдыр абы и ныбжьыр илъэс 15 фIэкIа мыхъуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Талантыр щыиным деж псынэ уэрым хуэдэщи, щIы щIагъым хуэмыгъэпщкIуу къыпхеуд.