|
Календарь событий
24 апреля 2019
24 апреля, 2019 - 08:17
Инджылызым и къалащхьэ Лондон тхьэмахуэм щIигъуауэ щокIуэкI экологие акцие. Уэрамхэм къыдыхьащ цIыху минхэр. Акцэм хэтхэм къэралым и унафэщIхэм хуагъэув щIыуэпсыр хъумэным хуэфащэ гулъытэ хуащIыну.
24 апреля, 2019 - 08:15
Ди къэралым и щыхьэр Москва къалэм дэт Урысей социальнэ университетым иджыблагъэ щыхэплъэжащ «Сэ си IэщIагъэм фIы дыдэу хызощIыкI» урысейпсо студент зэпеуэм кърикIуахэм. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ ди университетым и студенткэ Биттуевэ Эльмирэ. «Социальная работа» IэщIагъэмкIэ бакалавриатыр къэзыух пщащэ цIыкIур а унэтIыныгъэмкIэ пашэ щыхъуащ къэралпсо зэхьэзэхуэм.
24 апреля, 2019 - 08:12
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щрагъажьэ къэрал кIуэцI хъумакIуэ IэнатIэр граф Комаровскэм къызэрызэригъэпэщрэ илъэс 250-рэ зэрырикъур.
24 апреля, 2019 - 08:10
«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щитхащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм.
24 апреля, 2019 - 08:07
Адыгэм нэщэнэ иIэщ: махуэ плIыщI фIэкIа псэуну къызыхуэмынэжа цIыхум и нэ вагъуэр имылъагъужу. Ауэ хэт ар зигу къэкIыу и нэ вагъуэр илъагъу-имылъагъу махуэ къэс зэхэзыгъэкIыр?! ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм куэдыр щощтэ, апхуэдэ гупсысэм зыпыIуадз, гъунэгъу зыхуащIын мэшынэ. Ауэ! ЛIэныгъэм емыгупсысыр езыр абы гъэру иIыгъхэрщ. Гува-щIэхами лIэныгъэр дэтхэнэми къызэрытщIэлъым арэзы техъуарщ хуиту псэур! Философ гуэрым жиIащ «Философие гупсысэ уиIэныр - лIэныгъэм зебгъэсэнырщ». Пэжуи, гъащIэри лIэныгъэри и гупсысэм къизыгъэзэгъэфырщ философ нэсыр. УсакIуэр-щэ?!
24 апреля, 2019 - 08:05
Дунейпсо литературэм и «губгъуэшхуэм» уи вагъэбдзумэ щыпхыпшыныр, дунейпсо усыгъэм и уафэгум зыми емыхь уи вагъуэ щыпыбгъэнэныр Iуэху джэгукъым. Уеблэмэ ар зэхэгъэкIыпIэ нэхъ ткIий дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, къалэмыр Iэпэгъу зыхуэхъуахэм яхэту къыщIэкIынкъым а къалэн гугъум, мащIэ-куэдми, зыгуэркIэ пэлъэщыну къимыгъэгугъэ. Арыншамэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ущIэтхэни щыIэкъым. АрщхьэкIэ усэ зытх псори усакIуэкъым.
24 апреля, 2019 - 08:02
Адыгэшыр уанэш лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абы и цIэм ущрохьэлIэ шы зехуэным теухуауэ дуней псом щызекIуэ псалъалъэхэм. Шым зэрихьэ цIэм IупщI ещI ар къызэзыгъэпэща лъэпкъым лъыкIэ зэрепхар, адыгэ гъащIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пыщIауэ къызэрекIуэкIар.
24 апреля, 2019 - 08:00
БэнэкIэ хуитымкIэ ди къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ Урыш Анзор. Ар Урысей Федерацэми Европэми мызэ-мытIэу я чемпион хъуащ, Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм 2012 гъэм хэтащ. КъищынэмыщIауэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ инхэр щиIащ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, къэралым и командэ къыхэхам 2009 гъэм щыщIэдзауэ ираджэ.
24 апреля, 2019 - 08:00
ТхэквондомкIэ Дон и кубокыр къэхьыным щIэбэнащ спортсмени 1200-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр а зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ.
|