Календарь событий

28 июня 2019

Дунейм щыхъыбархэр

Рулым дэс куэд иужьрей зэманым игъэтхьэусыхэ хъуащ гъуэгу Iуфэ чыцэхэм хагъапщкIуэ видеокамерэхэм. Апхуэдэ Iэмэпсымэ «щхьэзыфIэфIхэм» трахахэр ГИБДД-м ягъэхьри, цIыхухэм къуэды зэрытралъхьэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр къахуокIуэ. Апхуэдэхэм цIыхубэр ауаныщIу «насып тхылъкIэ» йоджэ.

ГъащIэщIэм лъэбакъуэ хачэ

Курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пшыхьхэр, дэнэкIи хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щекIуэкIащ.

А пщэдджыжьым зауэр къэхъеят

Дзэ щIыхьым и къалэ Налшык, мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым и деж щекIуэкIащ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхугъуэм хыхьэ пэкIу.

«Нартхэм я фIыгъуэхэр» Налшык щагъэлъагъуэ

Сабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ уардэунэм щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» Х дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Дети России за мир в Сирии» япэ арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр. Утыку къыщрахьахэм ящыщщ КъБР-м щыпсэу Сирием щыщ ди лъахэгъу ныбжьыщIэхэу зэпеуэм и лауреатхэмрэ дипломхэр зыхуагъэфэщахэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр.

Зыми памыщI

СэркIэ хьэкъщ симфоническэ эстрадэри, оперэри, балетри къэзыгъэIурыщIэф, а псоми я купщIэр къэ­зы­тIэ­щIыф дирижёр Iэзэ дыдэхэм Темыркъан Юрий зэращыщыр.
 

Адыгэр дэнэ щымыIэми, зекIуэныр къыщохьэ

«Ford Epic Israel» зи фIэщыгъэ дунейпсо лъакъуэрыгъажэ зэхьэзэхуэм мы гъэм Израилым щыпсэу адыгэ щIалэ 16 хэтащ.

Мэрем пшыхь

БжьыхьэкIэщи, пщIащэхэр щIылъэм щызщ: хэт тхыпхъэщIыпхъэхэр зыхащIыхьа гухьэр дахэщ, хэти дыгъэ нэбзийр зэуэ ебэкIри, зишыхьыжащи, лъэгум къыщощхъыщхъ. Жьы щIыIэтыIэр зэзэмызэ къыкъоу, щыхь бжьакъуэу узыIуплъэ жыг къудамэхэр абы хуищIэу щIегъэхъаери, егъэкIэзыз; тхьэмпэхэр къеIэт, зыр адрейм ецырхъыу, иужьым хьэндырабгъуэм хуэдэу, ахэр щхьэхынэ-щхьэхынэу щIыпIэ-щIыпIэхэмкIэ щотIысэхыж.

Япэ адыгэ Олимп чемпион

Илъэс минитIым щIигъуащ олимп зэпеуэхэр къызэрежьэрэ. ПIалъэ гуэрым ар зэпагъэуауэ щытами, тхыдэм къыхэтэджыкIыжащ икIи дунейм къытехъуа зэхьэзэхуэ нэхъ удэзыхьэххэм я деж жьантIэр щиIыгъщ.