Календарь событий

03 июля 2019

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

УФ-м гъэшхэкIхэр щэным теухуауэ щыIэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ бадзэуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ. Абы теухуа унафэр Урысейм и Правительствэм къищтауэ щытащ мы гъэм щIышылэм и кIэм.

ЛIэщIыгъуэр лIы ныбжьщ

Дыгулыбгъуей къуажэм щалъхуа, Хэку зауэшхуэм и ветеран Хэжь Исуф  бадзэуэгъуэм и 1-м илъэси 100 ирикъуащ. ЛIэщIыгъуэ ныбжь зиIэ ветераным и деж а махуэм щыхьэщIащ Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ, Дыгулыбгъуей къуажэм и Iэтащхьэ Къуэдзокъуэ Толэ, Бахъсэн къалэ округым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусей сымэ. Абыхэм ветераным УФ-м и Президент Путин В. В., КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В.

Зэхыхьэ гукъинэж

Кэнжэ къуажэм ищхъэрэкIэ къыпэщылъ губгъуэм Мамийхэ я лъэпкъ зэхуэс зэрыщрагъэкIуэ­кIы­нум и хъыбарым нэхъ пасэу щыгъуазэ сыхуи­щIат «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэд. Мыпхуэдэу зы­къыс­хуигъэзат Мухьэ­мэд: «Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Заретэрэ ди республикэм фIы­уэ къыщацIыху, макъамэтх, уэрэджыIакIуэ Iэзэ Мамий Аслъэнрэ телефонкIэ запыщIи, уэ лъэпкъ зэхуэс куэдым ущыIащ, ахэр зэрырагъэкIуэкI щIы­кIэм фIыуэ ущыгъуазэщи, уи чэнджэщ ехьэлIэ», - жиIэри.

«Адыгэ псалъэм» и гъэсэнхэр

Дыкъэзыухъуреихь дунейр тхъумэныр, абы пщIэ хуэтщIу, сакъыу дыхущытыныр, къызэрысщыхъумкIэ, дэтхэнэ цIыхуми ди къалэнщ. ЩIыуэпсым и къулеягъым зыкъомкIэ елъытащ дэ, цIыхухэм, диIэну зэпэщыныгъэм и лъагагъри, ди гъащIэм хэлъ щIэщыгъуагъхэри, нэгъуэщIхэри.

ЕджакIуэ нэхъыфIхэр ягъэлъапIэ

Хабзэу къищтауэ Тэрч щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм гъэ еджэгъуэм и кIэм ирихьэлIэу ехъулIэныгъэу зыIэрагъэхьахэр къепщытэжри, гъэфIэж пшыхь ирегъэкIуэкI. Мы гъэми къызэрагъэпэща зэхыхьэр иджыблагъэ щекIуэкIащ Тэрч къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм.

Ди щIалэгъуалэр Къэрэшей-Шэрджэсым щыхьэщIащ

Адыгэ лъэпкъым къытхэкIа цIыхушхуэ, жылагъуэ ущиякIуэ, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр псэужатэмэ, мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Дунейпсо Адыгэ Хасэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, 2019 гъэм адыгэ щыпсэу республикэхэм ар щагъэлъапIэ. Ди республикэм жыджэру щылажьэ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэми абы ехьэлIа Iуэху дахэ иджыблагъэ къызэригъэпэщат - КъБР-м  щыщ сабийхэр Къалмыкъ Юрэ къыщалъхуа республикэм зыплъыхьакIуэ ишащ.

Убых хъыжьэ Къаплъэн Хьэмид

XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щыщIэдзауэ Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхута адыгэхэр къуажэ щхьэхуэу тIысхэрт, я бзэ, хабзэ, я зэхэтыкIэ яхъумэфын папщIэ. Гуауэр зэдагуэшырт, гуфIэгъуэр зэдаIэтырт. Дауэдапщэхэм сыт щыгъуи хэтт адыгэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI шыгъажэмрэ бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щIэдзапIэ хуэхъуащ Олимп джэгухэми дуней псоми я чемпион, абыхэм я медаль лIэужьыгъуэ псори зыIэрызыгъэхьа Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид.