Календарь событий

05 июля 2019

Налшык щыщ хъыджэбзыр урысейпсо конкурсым и финалым нэсащ

ЩIалэгъуалэ проектхэм я урысейпсо конкурсым, «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» зыфIащам, проект нэхъыбэ дыдэ - 23 - рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу, Iэрыхьащ. Абыхэм заочнэу хэплъа нэужь,  къэрал псом щынэхъыфI проект 26-м ящыщу къалъытащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым и аспирантурэм щеджэ Созаевэ Джамиля и лэжьыгъэр.

Дунейм щыхъыбархэр

УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ иригъэкIуэкIа «эфир занщIэм» япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ узыншагъэр хъумэным ехьэлIахэри.

Чехми адыгэми я усакIуэ

Чех тхакIуэ, усакIуэ Чех Сватоплук (1846 - 1908) езым и лъахэми нэгъуэщI щIыпIэхэми щыцIэрыIуэщ. Абы итхащ эпическэ, тхыдэ поэмэ зыбжанэ, ауаныщI повестхэр.

«Адыгэ псалъэм» и гъэсэнхэр

Щапхъэ
ЦIыху зыгъасэ псэм и щIасэщ

Тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэжьым гупсысэшхуэ щIэлъщ. Ар хуэгъэзауэ къызолъытэ зи гугъу фхуэсщIыну цIыху щыпкъэм хуэдэхэм. Ар си адэ шыпхъу, Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Жыгун Ленэ Хьэтал ипхъурщ. Ленэ илъэс 30-м щIигъуауэ щIэблэм яхэтщ, абыхэм лъэпкъ гъэсэныгъэрэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдилхьэу.

ГукъэкIыж

СызэрыцIыкIурэ сэ сыдахьэхырт дыщыпсэу Дзэлыкъуэ къуажэм ихъуреягъкIэ къекIуэкI Iуащхьэхэм. ЦIыкIуми инми апхуэдэ Iуащхьэу 10-м нэблагъэ плъагъурт ди къуажэм удэту. Нэхъыжьхэм къыджаIэрт ахэр пасэ зэманым псэуа цIыху къулейхэм я кхъащхьэу зэрыщытыр.

Адыгэр сыт щыгъуи япэ итыпхъэщ

Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту и гъащIэр ихьащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейми Олимп джэгухэми я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд. Тыркум къыщалъхуа икIи щыпсэуа шапсыгъ щIалэм зэи игу ихуакъым къызыхэкIа лъэпкъымрэ адэжь Хэкумрэ.