|
Календарь событий
19 июля 2019
19 июля, 2019 - 08:10
Электрон паспортхэр
яту щIадзэнущ 2020 гъэм
УФ-м и цIыхухэм иджырей тхылъымпIэ паспортхэм хуэдэхэр иратыжынукъым 2022 гъэм къыщыщIэдзауэ.
19 июля, 2019 - 08:10
Астрофизикхэм гу зэрылъатамкIэ, 2017 гъэм фокIадэм и 22-м ЩIы Хъурейм пхылъэтыкIащ къаруушхуэ зиIэ нейтринэ цIыкIу.
19 июля, 2019 - 08:08
ГукъэкIыжхэм щыщщ
ФIылъагъуныгъэмрэ творчествэмрэ зыкъомкIэ зэщхьу къыщIэкIынщ - а тIум языхэзми уи гумрэ уи псэмрэ зэ ятхьэкъуамэ, къаIэщIэкIыжыгъуейщ. Мыбдеж сыт хуэдэ лъэпощхьэпори, гугъуехьри, зэпэIэщIэныгъэри зэран хъуну уяку къыдыхьэф щыхабзэкъым. Абы щыхьэт тохъуэ КIэщт Мухьэз и творческэ гъуэгуанэр къызэрежьауэ щытари.
19 июля, 2019 - 08:08
Пасэу, и гуращэ псоми хунэмысауэ, дунейм ехыжащ усакIуэ цIэрыIуэр, ауэ абы къызэринэкIащ ди литературэм лъэужьыншэ щымыхъуа, цIыхухэм къабыл ящIа тхыгъэ хьэлэмэтхэр - усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щызыхыбощIэ усакIуэм гу пщтыр зэрыкIуэцIылъар.
19 июля, 2019 - 08:07
КIэщт Мухьэз Хъусин и къуэр 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Къэрэгъэш къуажэм къыщалъхуащ, абы курыт еджапIэр къыщиухащ. Дзэм илъэситIкIэ къулыкъу щищIа нэужь, Москва дэт Литературэ институтым щеджащ, 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, 1971 - 1977 гъэхэм «Iуащхьэмахуэ» журналым, иужькIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щылэжьащ.
Мухьэз и къалэмыпэм къыпыкIащ гупсысэ жанкIэ гъэнщIа усыгъэ купщIафIэ куэд. Ахэр цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ икIи адыгэ поэзием и фIыпIэхэм хабжэ.
19 июля, 2019 - 08:05
Газетеджэхэр щыгъуазэ тщIыну ди гуапэщ Истамбыл къыщыдэкI «Кавказыджхэм я лэжьыгъэхэр» журналым и зи чэзу номерыр дунейм къызэрытехьам. БзищкIэ (тыркубзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ) зэхэгъэува тхылъхэм адыгэ тхыдэм тетхыхь щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэщIэхэр ихуащ.
19 июля, 2019 - 08:02
Прозэу тха усэхэр
«Еплъ Къызбрун»
19 июля, 2019 - 08:00
ДзюдомкIэ дунейпсо чемпион, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ къэзыхьа, Европэм плIэнейрэ щытекIуа, Совет Союзми апхуэдизрэ щынэхъ лъэща, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Лъэцэр (Тлецери) Хьэзрэт къыщалъхуари къыщыхъуари Адыгейм хыхьэ Къэзаныкъуей къуажэращ. ИужькIэ, Краснодар псыхъумапIэр щаухуэм, а жылэр абы щIрагъэлъэфащ.
|