|
Календарь событий
24 июля 2019
24 июля, 2019 - 08:20
ИкIэщIыпIэкIэ унафэ зытещIыхьыпхъэ
Сыт хуэдэ зэмани цIыхум гулъытэшхуэ хуещI зэфэ псым и фIагъымрэ къабзагъымрэ, абы узыншагъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщи.
24 июля, 2019 - 08:17
КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр медицинэ центрым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. ЩытыкIэм зыщигъэгъуэзэну иджыблагъэ абы щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат.
24 июля, 2019 - 08:15
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэ зыбжанэм мы зэманым щаухуэ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуа сабийхэр зэкIуэлIэну IуэхущIапIэщIэхэр. Къапщтэмэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь ухуэныгъэр ятещIыхьащ яслъэ ныбжьым ит сабий 60-м. Дэтхэнэми сабий нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу 40 екIуэлIэнущ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт «Прогимназие» муниципальнэ IуэхущIапIэм, Куба къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь пэшхэм.
24 июля, 2019 - 08:13
Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, критик, литератор Iэзэ Гъут Iэдэм. И гукъэкIыж, гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу, дэ абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
24 июля, 2019 - 08:05
ЦIыхум щIыхь къыхуэзыхьыр и ныбжьыркъым, атIэ и лэжьыгъэрщ. Адыгэ лъэпкъым и пщIэ лъагэр зи IэужькIэ, гуащIэдэкIкIэ къэзыхьахэм, зыхуэфащэхэм ящыщ зыщ Гъут Iэдэм. Ар IуэрыIуатэр, псом хуэмыдэу эпосым къызэщIиубыдэ жанр лIэужьыгъуэхэр джыным пасэу дихьэхащ икIи щIэныгъэ тхыгъэ куэд и къалэмыпэ къыщIэкIащ. Абы къикIыркъым IуэрыIуатэм и адрей лъэпкъыгъуэхэр Iэдэм гулъытэншэу къигъэнауэ: лирикэми драмэми хыхьэ жанрхэм теухуауэ щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу, ауэ зэIубз мыхъуа Iуэхугъуэ куэд абы къитIэщIащ.
24 июля, 2019 - 08:05
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъут Iэдэм щIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щызиIэхэм ящыщщ. Апхуэдэ гулъытэр къыпэкIуащ абы и гуащIэ хьэлэлымрэ и зэхэщIыкI лъагэмрэ.
24 июля, 2019 - 08:03
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 2001 гъэ лъандэрэ къыдигъэкI «Ди цIыху цIэрыIуэхэр» серием хэту дунейм къытехьащ «ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: хэхэс адыгэхэм я лъагъуэхэш» («Мухамед Хафицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья») тхылъыр.
24 июля, 2019 - 08:02
И псэм и къабзагъым хуэдиз насыпрэ узыншагъэрэ Тхьэм къыбгъэдилъхьэ, зи ужь ит Iуэхум къыпэкIуэ хъерым игу хигъахъуэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу.
24 июля, 2019 - 08:00
Ди къэралым щыIэ спорт хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр иужь зэманым нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхагъэхьарщ. Ди лъагэгъур абы илъэсищкIэ хэтынущ икIи ар иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 3,5-рэ иратащ.
|