Календарь событий

04 сентября 2019

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Германием и Ганновер къалэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мин 15 къыдагъэIэпхъукIын хуей хъуащ иджыблагъэ. А щIыпIэм ухуэныгъэ щрагъэкIуэкIыу щIыр къыщатIым ухуакIуэхэм къагъуэтащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым къагъэсэбэпу щыта бомбэхэм хуэдэ зы.

КIэух зэпеуэм ирагъэблагъэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ щIалэгъуалэ гуп иджыблагъэ хэтащ АНО-м (Автономнэ мыкоммерцэ зэгухьэныгъэ) къыхилъхьа проект пашэхэм ящыщу «Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» зэпеуэм и щIыналъэпсо Iыхьэм. Владикавказ щекIуэкIа а зэхьэзэхуэм щытекIуахэм яхэхуащ ди лъахэгъухэр.

Гъэ еджэгъуэщIэм хуэхьэзырщ

Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щызэхэтащ Iэтащхьэм и нэIэм щIэту лажьэ коллегием и зэIущIэ. Район администрацэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Чылар Аринэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы щытепсэлъыхьащ мы гъэм курыт школыр къэзыухахэм ята къызэрыщIэкI къэпщытэныгъэхэм къарикIуахэмрэ щIыпIэм щылажьэ школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырымрэ.

ЩIалэгъуалэм яIэщ проект гъэщIэгъуэнхэр

Яхэгуауэ Михаил КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щищIэрт. Зауэр къэхъейри, сэлэтхэр абыкIэ куэдрэ щаIыгъыжакъым. МафIэгухэм къра-гъэтIысхьэри, дыгъэ къухьэпIэмкIэ къыдрашеижащ.

Си гъащIэ - си дуней

ГукъэкIыжхэр
(ПэщIэдзэр шыщхьэуIум и 29-м итщ.)

Ди нэ къызыхуикI

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу Шэрджэс ЛIыхъужьхэр

Зауэр зэрекIуэкIым теухуауэ 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къата хъыбархэм мыпхуэди къыхэхуат: «Онегэ, Ладогэ гуэлхэм я зэхуакум ди зауэлIхэр щебгъэрыкIуэри, Свирь псым и Iуфэм деж бийм и быдапIэр зэпатхъащ, абы хьэлэчыр халъхьащ, Iэщэ куэд къытрахащ, сэлэт, офицер мащIэкъым гъэр ящIар, къуажэхэр хуит къащIыжащ».

ТхылъыщIэм и лъэтеувэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Точка кипения» коворкинг-центрым шыщхьэуIум и 29-м щекIуэкIащ апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу иджыблагъэ къыдэкIа тхылъыщIэм и лъэтеувэ пшыхь.

Усэхэр

- Узмылъагъуу махуэр дэкIым,
Сигу укъокIыр, дахэкIей,
Укъэзмышэу бжьыхьэр блэкIым,
СыкIуэдынущ, си дуней.

Къэзахъстаныр зыгъэбжьыфIа адыгэхэр

Я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуэныр къалъыхъуэу 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм ди республикэм и футболист, тренер зыбжанэ Къэзахъстаным къыщыхутащ. Абыхэм я цIэр фIыкIэ къыханащ а къэралыгъуэм и тхыдэм. Къапщтэмэ, илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Къэзахъстаным и тренер нэхъыфIу къалъытащ Къумыкъу Виктор, футболист икIи гъуащхьауэ нэхъ лъэщ хъуащ ЛIыхъугу Арсен. А къэралым и щIыхьыр дунейпсо утыкум щахъумащ я командэ къыхэхам ирагъэблэгъахэу ЛIыхъугу Арсен, Узденов Роман, Джатэрывэ Къазбэч сымэ, нэгъуэщIхэми.