|
Календарь событий
06 сентября 2019
6 сентября, 2019 - 11:55
Багам хытIыгухэр, США-р махуэ зыбжанэкIэ зыгъэгулэза «Дориан» жьапщэшхуэм и къарур нэхъ кIуэщIащ.
Багамхэм къыщежьа гъуэжькуийм а щIыпIэм щыпсэухэр гузэвэгъуэшхуэ хидзащ. ХъыбарегъащIэ агентствэхэм зэкIэ къызэратамкIэ, а къэхъукъащIэ шынагъуэм хытIыгухэм щыщ цIыху тIощIым щIигъу хэкIуэдащ.
6 сентября, 2019 - 08:17
ЩIэныгъэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м и медицинэ колледжым и бжэхэр къахузэIуихыжащ узыншагъэр хъумэным пыщIа IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпс псоми. Гъэ еджэгъуэ блэкIам и кIэм колледжым щаублауэ щыта зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу икIи и чэзум зэфIэкIащ. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, еджапIэр нэсу хуэхьэзырщ лъэхъэнэщIэм.
6 сентября, 2019 - 08:13
Илъэс тIощIрэ зым хыхьа къудейт Андырхъуей Хъусен зауэр къыщыхъея махуэм. Дзэм ираджауэ къулыкъу ищIэрт абы, 733-нэ фочауэ полкым и 2-нэ ротэм и политрук IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ.
6 сентября, 2019 - 08:10
Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм - шу тIощIым - ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ».
6 сентября, 2019 - 08:05
Абрэдж Сэфият Адыгэ Республикэм щыщ сабий тхакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и усэхэр, таурыхъхэр, пьесэхэр мызэ-мытIэу къытехуащ «Адыгэ макъ» газетым, «Вагъуэбын» сабий журналым, урысыбзэкIи тхылъитI дунейм къытехьащ. Сабий усакIуэр илъэс куэдкIэ Мейкъуапэ дэт 3-нэ курыт школым егъэджакIуэу щылэжьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ хэкум, щIыуэпсым, сабиигъуэм.
Абрэдж Сэфият УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым 2012 гъэ лъандэрэ хэтщ.
Си шы къарэм жыжьэ сехь
6 сентября, 2019 - 08:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгу тхыдэм дыщэпскIэ иратхащ 2006-2012 гъэхэр: Налшык и «Спартак»-р (иужькIэ «Спартак-Налшык» зыфIащыжар) къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм, зэи къэмыхъуауэ, щыджэгуащ. А гуимыхуж илъэсхэм теухуащ нобэ щыщIэдзауэ теддзэну тхыгъэхэр.
|