Календарь событий

09 октября 2019

Дунейм щыхъыбархэр

Путин Владимир Iэ тридзащ Къэрал Думэм и унэр зэрагъэпэщыжын папщIэ абы щIэсхэр Союзхэм я Унэм гъэIэпхъуэным теухуа унафэм. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ягъэIэпхъуэнур Думэм щылажьэхэрщ, абы щIэт унэлъащIэхэмрэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэмрэщ.

Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэ ЕгъэджакIуэм и махуэм ирихьэлIэу «Гум и щIалэгъуэ» фIэщыгъэр зиIа пшыхь Налшык къалэ щрагъэкIуэкIащ. Ар щызэхэтащ Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм.

Хъуэхъу

Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профес-сор, ЩIДАА-мрэ РАЕН-мрэ я академик, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэшыр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къагъырмэс Црай и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.

Кэнжэдэсхэр жыжьэ маплъэ

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ди республикэм щыIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщ зыт Кэнжэ щекIуэкIар. Пшыналъэ дахэр къыдэIукIрэ щIалэгъуалэр адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пщIантIэм жылэдэс нэхъыжьхэр, нэгъуэщI щIыналъэ къикIа хьэщIэхэр щрагъэблагъэрт.

Адыгэ мамлюкхэр

Абыхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэхэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам экономикэ псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам.
Хэт-тIэ а мамлюкхэр? Ахэр къэрал жыжьэм дауэ къыщыхутат? Сыту щыта ахэр икIи илъэс 737-рэ лъандэрэ абыхэм я нэIэ щхьэ трагъэт?

Къэбэрдей театрым и гуащэ ЖьакIэмыхъу КIунэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ лъэпкъ ­театрым и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэ ин хуэзыщIа, куэд ­щIауэ утыкур зыгъэб­жьыфIэ, УФ-мрэ ­КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ Жьа­кIэмыхъу КIунэ.

КъалэкIыхьым щыщ лъакъуэ кIыхьхэр

Ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие Катарым и къалащхьэ Дохэ иджыблагъэ щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым тхыдэм щыхыхьащ. ЛъагапIэ дэлъеинымкIэ зэхьэзэхуэм абы дыщэ медалыр фокIадэм и 30-м къыщихьащ. Прохладнэдэс хъыджэбзыр иджы щэнейрэ дунейпсо чемпионщ - лъагапIэ дэлъей цIыхухъухэми цIыхубзхэми игъащIэм яхэтакъым апхуэдэ зыхузэфIэкIа. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэм ар щытекIуащ 2015 гъэм Пекин щыIа, 2017 гъэм Лондон щекIуэкIа ЩIы хъурейм и зэпеуэхэм.