Календарь событий

25 октября 2019

«Урысейм и пашэхэр-2020» зэпеуэм хэтыну хуейуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху 470-м тхылъхэр къатащ

Псори зэхэту «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэр къызэрыхалъхьэрэ къэралым и щIыналъэ псоми, апхуэдэу дунейм и къэрал 60-м щыщхэми я тхылъу мини 150-рэ къаIэрыхьащ къэрал унафэ зыщIыфынухэр къыхэхыныр къызэзыгъэпэщахэм.

Дунейм щыхъыбархэр

Сочэ къалэм жэпуэгъуэм и 23 - 24-хэм щызэхэтащ «Урысей – Африкэ» зыфIаща зэхуэсышхуэр. Дунейпсо тхыдэм къриубыдэу апхуэдэ зэIущIэ япэ дыдэу зэрырагъэкIуэкIам и закъуэкъым абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъар - апхуэдиз къэралым я лIыщхьэхэр нэхъапэм зы зэIущIи щызэхуэсакъым.

Къулъкъужын Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр щогуфIыкI

Бахъсэн район администрацэм и жэрдэмкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу зыхуей хуагъазэри къызэIуахыжащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексыр.

ЗыгъэпсэхупIэр къызэIуахыж

Дзэлыкъуэкъуажэ зыхуей хуагъазэри къыщызэIуахыжащ цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэу щыт «Зэныбжьэгъугъэ паркыр». Ар зыхуей хуэгъэзэным пыщIа лэжьыгъэхэр мы гъэм хагъэхьауэ щытащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къалэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIауэ иубзыхуа программэм. Бюджетым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа ахъшэу мы Iуэхум сом мелуани 6,5-м нэблагъэ трагъэкIуэдащ.

КIуэкIуэ Валерий и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, политик Iэзэ, республикэм зиужьыным къыпхуэмылъытэн хуэдиз хьэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КIуэкIуэ Валерий и фэеплъу Налшык къалэ и «Гладиатор» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ зэуэкIэ зэхэтымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

Барудирэ Шэукъийрэ я лэжьыгъэм пызыщахэр

Дунейпсо зауэм и пэщIэдзэ зэманым ар ирихьэлIащ Мысырым щыIэу. Абы къехъулIакъым и еджэныгъэр и кIэм нигъэсыну, ауэ жыIэн хуейщ алъандэрэ зыхуеджами, творческэ опыту зригъэгъуэтами я фIыщIэкIэ ар пасэу къызэрыжэпхъар, Iуэху еплъыкIэ нэхъ зэрыубыда иIэ зэрыхъуар.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Валерэ бауэбапщэу къыдэлъэдащ пщIантIэм. Абы хъыбар гуапэ къызэрытхуихьыр и нэгум къищырт. «Хьэмыщэ нобэ къуажэкум телефон кIапсэ пхришынущ!» - зэкIэлъигъэпIэщIащ абы. Къаншыуей жылэм телефон дэнэ къэна, ток къудеи абы щыгъуэм яIэтэкъым.

Гупыр къызэщIэзыгъэуIуэф икIи тезыгъэгушхуэф

Дызэрыт лIэщIыгъуэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм быдэу пыщIауэ къокIуэкI абы и гъуащхьэхъумэныкъуэу илъэс куэдкIэ джэгуа, иджы «Спартак-Налшыкым» и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн.