Календарь событий

06 декабря 2019

Адыгэ лъэпкъ оперэр Налшык къыщоIу

Налшык и щэнхабзэ гъащIэр щIэщыгъуэ ящIу къытхуеблэгъащ Адыгэ Республикэм къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблымрэ Адыгэ Республикэм и Къэрал филармонием и къэрал  симфоние оркестрымрэ (дирижёрыр СтIащ Къаплъэнщ). Зи уэрэдхэмрэ макъ жьгъырухэмкIэ фIыуэ тлъэгъуа «Ислъэмейм» иджы къытхуишар гъуазджэм и нэхъ лъагапIэ дыдэу ялъытэ оперэ телъыджэрт.

Хетагуров Коста ФатIимэ

(Кавказ повесть)

(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 27, 28-хэм,
дыгъэ­гъазэм 4-м итщ).

VI

Мэрем пшыхь

Псалъэ пэжхэр
ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ

♦Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
♦ХьэщIэр бысымым и гъэрщ.
♦ХьэщIэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.
♦Бажэм дыгъужьибл къегъапцIэ.
♦Бжьэм фо здэщыIэр ещIэ.
♦Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
♦Гуэным имылъмэ, Iэнэми телъкъым.
♦Жылэм дэлъмэ, уиIэщ.
♦ЖысIэр щIэ, сщIэм уемыплъ.
♦ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ.
♦Губзыгъэм и гуIэгъуэр делэм и гуфIэгъуэщ.
♦Къуажэ зиIэ нэф нэхърэ гухъу зыщIыф Iэшэ.
♦Гугъуехь зымылъэгъуам гъуэгуанэ

ИлъэсиплIым зэфIагъэкIахэм ятеухуауэ

Налшык дэт «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм­ иджыблагъэ къы­щыдэ­кIащ «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэ­сиплIыр» зи фIэщыгъэ тхылъыр.

2015 гъэм и фокIадэ - 2019 гъэ и дыгъэгъазэ пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр къыщызэщIэкъуэжа тхылъщ ар. КъыдэкIыгъуэр ягъэхьэзыращ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ. Абы ихуащ хамэ къэралхэми, адыгэ хэгъэгухэми Дунейпсо Адыгэ Хасэм щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм, абы и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща фестивалхэм, зэпеуэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.

Сэлэт мыцIыхум и щIыхькIэ

Зи Хэкур зыхъумэжурэ хэкIуэда Сэлэт мыцIыхум и махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр дыгъэгъазэм и 3-м щызэхэтащ Бахъсэн щIыналъэм - Къызбрун щIыналъэр зыхъумахэм я фэеплъу ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэтым деж щагъэтIылъащ удз гъэгъахэр.

Зумакулов Борис Бахъсэн щIыналъэм цIыхухэм щаIуощIэ

ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис вэсэмахуэ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм щаIущIащ зи щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъэзэну хуейуэ а IуэхущIапIэм къекIуэлIахэм.

Дунейм щыхъыбархэр

Захаров Марк и щIыхькIэ

Москва дэт «Ленком» театрым фIащащ Захаров Марк и цIэр.

Ди текIуэныгъэщIэхэм я къежьапIэт

 Ди къэралым топджэгум щыдихьэххэм фIы дыдэу яцIыху Красножан Юрэ. Ар и тренер нэхъыщхьэу Налшык и «Спартак»-р, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и премьер-лигэм хыхьэри, ехъулIэныгъэхэр иIэу, илъэс зыбжанэкIэ хэтащ. ИужькIэ абы игъэсащ Мэзкуу и «Локомотив»-р, Урысейм и етIуанэ командэ къыхэхар, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р, Краснодар и «Кубань»-р, Грознэ и «Тэрчыр», Къэзахъстаным и командэ къыхэхар, «Химки»-р.