Календарь событий

17 января 2020

Киномрэ театрымрэ я вагъуэхэр щоджэгу

Москва МузыкэмкIэ и лъэпкъ къэрал музейм иджыблагъэ Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэгъуащ адыгэ актрисэ, сценарист, композитор, режиссёр, драматург Жэман Iэминэ и пьесэм къытращIыкIа «Шаляпин/О’Нил» спектаклыр, МТС банкыр и дэIэпыкъуэгъуу.

Дунейм щыхъыбархэр

Урысей Федерацэм и
Правительствэр токI

Къэралым и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий дыгъуасэ хэIущIыIу ищIащ Правительствэр зэрытекIыр.

Адыгэхэр къызытехъукIар

Дунейм цIыхуу тетыр расэ зэмылIэужьыгъуэу зэщхьэщедз, зэрытщIэщи: европеиднэ, негроиднэ, монголоиднэ, американоиднэ, австрало-веддоиднэ, къинэмыщIхэри. Дэтхэ­нэ­ри иджыри къудамэ зы­щыплIу зэщхьэщокIыж. Ауэ, цIыхур лъагэмэ, и нэкIур бгъуэмэ, натIэ лъагэмэ, и нэпкъпэпкъыр къишарэ и жьэпкъыр хуэпсыгъуэмэ, пэ къуаншэмэ, нэ фIыцIэрэ щхьэц фIыцIэмэ, абы щхьэкIэ европеиднэ расэ, е «кавказ лIэужьы­гъуэ» жаIэ.

Граф Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр

Мы сурэтыр 1903 гъэм Друри У. Д. и Iэдакъэ­щIэ­кIыу къыдэкIа «Инджы­лыз хьэ лъэпкъхэр» тхы­лъым щыщ пычыгъуэщ.

Абхъаз IуэрыIуатэ

Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхь къызэдакIуащ, я бзэхэр зэщхьэщыкIами, я хабзэхэр зэгъунэгъу дыдэщ. Ардыдэр яхужыпIэ хъунущ я щэнхабзэми, псалъэм папщIэ, я IуэрыIуатэм. Ди лъэпкъхэм я зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ нарт эпосыр, нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэр - таурыхъхэр, хъыбархэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. ЗэрытщIэщи, адыгэхэми абхъазхэми къадогъуэгурыкIуэ купщIэкIэ, гъэпсыкIэкIэ, ухуэкIэкIэ зэтемыхуэ IуэрыIуатэхэри - абы щыхьэт тохъуэ фи пащхьэ итлъхьэ абхъаз хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ. Ахэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар тхакIуэ цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Хьэмидщ.

СОКЪУР Мусэрбий и усэхэр

ГъуэгунапщIэр илыгъуэу
ПщIэгъуалэр мэлъей,
Хуопабгъэ ар фIыгъуэм,
Хуодалъэ бзаджейм.
Нэлъэхъут ПщIэгъуалэр,
Си джатэ мыудзэгущ,
Къуршыжьым и къалэр,
Мыкъутэу си мэIущ.

 

Мэрем пшыхь

Шыр ижь лъандэрэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ. Адыгэм шым пщIэрэ гулъытэу хуищIар нэрылъагъу тщещI абы ехьэлIа лъэпкъ щIэныгъэу ди деж къэсам. Шы хуэIухуэщIэ зэхуэмыдэ куэд ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм

ХьэцIыкIум и ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэр

БлэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хуабжьу зыщиужьыжу щIидзащ спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм. НыбжьыщIэхэм щэ бжыгъэкIэ секцэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыхрагъатхэрт - псори щIэхъуэпсырт лъагапIэ инхэр зыIэрагъэхьэну. Абыхэм яхэтащ бэнэкIэ хуитымкIэ иужькIэ Европэм и щIалэгъуалэ чемпионатым щытекIуа ХьэцIыкIу Тимури.