|
Календарь событий
29 января 2020
29 января, 2020 - 08:15
♦Ядернэ зауэр мыдэным цIыхухэр къыхуеджэным и дунейпсо махуэщ
♦1616 гъэм Голландием щыщ хыдзэлIхэу Лемер Якобрэ Схаутен Виллемрэ къахутащ Америкэ Ипщэм и ищхъэрэ дыдэ щIыналъэр – Горн щIыпIэр зэрыщыIэр.
29 января, 2020 - 08:13
«Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и къудамэ «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм 2019 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм электрокъарууэ къыхуиутIыпщар абы япэ ита илъэсым елъытауэ киловатт-сыхьэт мелуан 21-кIэ нэхъыбэ мэхъу. Ар нэгъэсауэ яхурикъуащ ди щIыналъэм электрокъарур къыщызыгъэсэбэпхэм.
29 января, 2020 - 08:12
Дызэрыщыгъуазэщи, ди Дыгъэм ирагъэщхьу нэхъ къыпэгъунэгъу дыдэщ Проксима Центавра зи фIэщыгъэ вагъуэ жьэражьэр.
29 января, 2020 - 08:10
Дунейм цIыхуу тетыр расэ зэмылIэужьыгъуэу зэщхьэщедз, зэрытщIэщи: европеиднэ, негроиднэ, монголоиднэ, американоиднэ, австрало-веддоиднэ, къинэмыщIхэри.
29 января, 2020 - 08:08
Юбилей
Адыгэ литературэм, лъэпкъ этнографием хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа МафIэдз Сэрэбий псэужамэ щIышылэм и 23-м илъэс 85-рэ ирикъунут. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуа «ЩIакIуэ фIыцIэ», «Щхьэц нэпцI», «КъафIэхъу», «Шыдыгъу», «Нэчыхь», «ЛIыгъэ», «Мыхъур» повестхэр, «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ» романхэр. Зи гугъу тщIа тхыгъэхэр къэбэрдей прозэм и нэхъыфIхэм ящыщщ.
29 января, 2020 - 08:07
МЕЙКЪУАПЭ дэт «Полиграф-юг» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ тхыдэдж щIэныгъэлI Хъуэткъуэ Самир и IэдакъэщIэкIыу «Шэрджэсейр къызэрацIыхуар» тхылъышхуэр.
29 января, 2020 - 08:03
Ибукэ Масару 1908 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Токио километрищэкIэ пэIэщIэ Никко къалэм къыщалъхуащ. Электростанцым инженеру щылажьэ абы и адэм машинэ къыжьэхэуэу, щIалэ цIыкIур зеиншэ щыхъуам, илъэситI фIэкIа и ныбжьтэкъым.
29 января, 2020 - 08:00
Илъэс 31-нэ хъуауэ гъэ къэс, щIышылэ мазэм и кIэухым, ди къэралым и бэнакIуэ хуитхэм я зэпеуэм зэрыщIадзэр тIэунейрэ Олимп чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ярыгин Иван и дунейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэращ. Ди лъахэгъу Урыш Анзор нэхърэ нэхъыбэрэ абы ирихьэлIарэ дамыгъэ лъапIэ нэхъыбэ къыщызыхьарэ щыIэу фIэщщIыгъуейщ.
|