Календарь событий

05 февраля 2020

ЗауэлI щIыхьым и махуэр ягъэлъапIэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм тхылъ ущеджэ хъу и пэшышхуэм и къудамэм и лэжьакIуэхэм «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием щIышылэм и 27-м щрагъэкIуэкIащ «Блокадный хлеб» урысейпсо Iуэхур. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и зауэлI щIыхьым и махуэр - Ленинград къэзыувыхьауэ щыта фашист зэрыпхъуакIуэхэм къалэр совет зауэлIхэм къызэрыIэщIагъэкIрэ илъэс 76-рэ щрикъум - ирихьэлIэу. Бийм и зэранкIэ дунейм «къыпыча» хъуа, мэжэщIалIагъэмрэ щIыIэмрэ яукI ленинграддэсхэр зэралъэкIкIэ езыхэм, я благъэхэм, Iыхьлыхэм, къалэм къыщхьэщыж зауэлIхэм я гъащIэм щIэбэнащ.

ЗылI и быну зэкъуэувахэр

Лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым мыгувэу игъэлъэпIэнущ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. Дэтхэнэ зым ди дежкIи ар махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ икIи нэхущ. Шэч хэлъкъым, абы и мыхьэнэр зэи кIащхъэ зэрымыхъунум.

Нэмыцэ сырыхужьыр

«Пирот!» - жаIэщ аби, зы махуэ гуэрым дыкърахужьэри, дыкъахум-дыкъахуурэ, Дон дыкъэсри, пхъэ закъуэ лъэмыж телъ­ти, сыкъытехьащ. Псыкум сыкъэса къудейуэ, зы нэмыцэ сэмэлотыжь, дзэлы­къуэбгъэ хуэдиз хъууэ, къытщхьэщыхьэри, сэмэгурабгъумкIэ зы бомбэ фIыцIэжь ­къридзыхщ аби, псы щIагъым къыщыуэри, аргъей щитхурэ зы пащIэкIапсэрэ къыд­ридзеящ,

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, журналист Къагъырмэс Борис къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Къагъырмэс Борис Хьид и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 6-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къеухри, зы илъэскIэ абы щолажьэ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу. 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым (иджы КъБКъУ-м) и филологие факультетым щIотIысхьэри, 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ ар къеух, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ иригъэджэну къуажэ школми егъэзэж.

Адыгэпщ хахуэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ

ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псы­гъуэ адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ.1787 - 1791 гъэхэм екIуэ­кIа Урыс-Тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, еп­щыкIуиянэ лIэщIы­гъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къы­щыхъуа Iуэху псоми хузэфIэкI ­хилъхьащ, и цIэр адыгэхэм ящы­гъупщакъым нобэр къыздэсым.

«Спартак-Налшыкым» и гугъапIэхэр

«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур зыгъэсэныгъэхэр ирегъэкIуэкI.

Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ тхьэмахуитI ипэкIэ къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэхъыщхьэри ягъэуващ – ар иужь илъэсхэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ.