Календарь событий

12 февраля 2020

Къабзагъэм и махуэ

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур и унафэр ягъэзащIэу, щIыналъэм хиубыдэ къуажэ псоми зэуэ къабзагъэм и махуэ щрагъэкIуэкIащ.

ГъащIэ узыншэм къыхураджэ

Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №4-м Стоматологым и дунейпсо махуэм теухуа зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлие, Республикэ стоматологие центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэмыкъуэ Iэсият, Бахъсэн дэт стоматологие поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэщыкъуей Людмилэ, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Мы гъэм накъыгъэм и 9-м ди къэралми СССР-м хыхьэу щыта республикэхэми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур.

Журналист ныбжьыщIэхэм я школыр ирагъэжьэж

Журналист ныбжьыщIэхэм папщIэ пщIэншэу къызэIуаха «Акулы пера» егъэджэныгъэ курсхэм екIуэлIэну гукъыдэж зиIэхэр къыхах.

НэгъуэщIу псэуфынутэкъым

Дыгъуасэщ зи щхьэци набдзи фIыцIэ, и ныбжь емылъытауэ натIэдыхьэ хъарзынэ зиIэ, къуэгъу щхьэпэлъагэ щхьэкIэ, зи Iэпкълъэпкъ зэрымыубыдыпа, уеблэмэ, моуэ зэщIэкъуа дыдэ зыхужумыIэнкIи хъун щIалэр япэу щыслъэгъуар. А дыгъуасэм илъэс 60 и ныбжьщ.

ГъащIэм и бэIутIэIу куэд зыгъэва

Мы махуэхэм илъэси 130-рэ ирокъу адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, лъэпкъ узэщIакIуэ ЩакIуэ Талъостэн къызэралъхурэ. Ар 1890 гъэм Шэджэм Езанэ къуажэм къыщалъхуащ, абы дэт класситI школым щеджащ, 1918 - 1920 гъэхэм Дзэ Плъыжьым къулыкъу щищIащ.

ТхылъыщIэм и лъэтеувэ

Налшык дэт «Акрополь» щэнхабзэ-нэгу­зыужь IуэхущIапIэм щекIуэкIащ  Урысей­ Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн рес­публикэхэм я цIыхубэ артист Тут Заур и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа «Мелодии моей судьбы» тхылъым и лъэтеувэ пшыхь гуапэ. Ар иджыблагъэ Москва къыщыдигъэкIащ усакIуэ Гольцевэ Аллэ.

Адыгэхэр къызытехъукIар

Дунейм цIыхуу тетыр расэ зэмылIэужьыгъуэу зэщхьэщедз, зэрытщIэщи: европеиднэ, негроиднэ, монголоиднэ, американоиднэ, австрало-веддоиднэ, къинэмыщIхэри. Дэтхэ­нэ­ри, иджыри къудамэ зы­щыплIу зэщхьэщокIыж. Ауэ, цIыхур лъагэмэ, и нэкIур бгъуэмэ, натIэ лъагэмэ, и нэпкъпэпкъыр къишарэ и жьэпкъыр хуэпсыгъуэмэ, пэ къуаншэмэ, нэ фIыцIэрэ щхьэц фIыцIэмэ, абы щхьэкIэ европеиднэ расэ, е «кавказ лIэужьы­гъуэ» жаIэ.

БэнэкIэ хуитымкIэ адэжь хэкум щыяпэ дунейпсо чемпион

БэнакIуэ цIэрыIуэ куэд адыгэм къытхэкIащ. Я цIэ къипIуэну урикъунщ олимп чемпионхэу Догу Яшар, Къаплъэн Хьэмид, Нагъуэ Аталай, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, дуней псом щэнейрэ щытекIуа Махуэ Билал сымэ, нэгъуэщIхэми. Тхьэм и шыкуркIэ, ахэр мащIэкъым икIи узэрыгушхуэн защIэщ, арщхьэкIэ нобэкIэ зи гугъу фхуэтщIынур адэжь щIыналъэм щыщу бэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэхэм дунейпсо лъагапIэм япэу щынэсыфа Бажэ Заудинщ.