|
Календарь событий
14 февраля 2020
14 февраля, 2020 - 08:15
♦ЗэгуэкIуахэм я дунейпсо махуэщ
♦Тхылъхэр саугъэт щIыным и дунейпсо махуэщ
♦Компьютерхэр зэпкърызылъхьэхэм, ахэр зэтезыухуэхэм я махуэщ
♦1848 гъэм зэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ Мексикэм Техас штатыр США-м иритащ.
14 февраля, 2020 - 08:15
Аруан щIыналъэм и полицейхэмрэ ветеранхэмрэ къызэрагъэпэщри, и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъу, полицэм и лейтенант нэхъыжь КIуащ Аслъэнбэч и фэеплъ пэкIу щекIуэкIащ ар щеджа Старэ Шэрэдж къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м.
14 февраля, 2020 - 08:15
ШколакIуэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм и волонтёрхэмрэ жыджэру хэтхэмрэ Бахъсэн къалэ округым щызэщIэзыгъэуIуэ Бахъсэн къалэм Сабий творчествэмкIэ и унэм ныбжьыщIэхэр щахуэзащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Зэпсэлъэныгъэр теухуат «Терроризмэр жылагъуэмкIэ шынагъуэщ» Iуэхугъуэм.
14 февраля, 2020 - 08:10
Гранадэм километри 8-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэ Виснар къуажэм и гъунэгъуу 1936 гъэм щаукIащ Испанием и усакIуэшхуэ дыдэ Лоркэ Фредерикэ Гарсиа. Пушкин хуэдэ нэгъуэщI усакIуэ щэджащэхэми ещхьу, испан усакIуэри гъащIэ кIэщIт.
Лоркэ къыщалъхуар Испаниер къыщытIэсхъа, и колониехэри щыфIэкIуэда лъэхъэнэрт.
14 февраля, 2020 - 08:07
Сонэ Абдулчэрим Къадир и къуэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ 1942 гъэм мазаем и 28-м. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1961 - 1964 гъэхэм Налшык станкозаводым щылэжьащ.
14 февраля, 2020 - 08:05
СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ хэтащ иджыблагъэ Истамбыл щекIуэкIа V Усэ фестивалым. Къэралыгъуэ зыбжанэм къикIа, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ усакIуэхэр, щэнхабзэ лэжьакIуэхэр, зэхуэ-сым кърагъэблэгъа хьэщIэхэр адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэм щигъэгъуэзащ ди лъэпкъ щэнхабзэм, хабзэм, усэ гъэпсыкIэм. Фестивалым хэтахэр абы иригъэдэIуащ адыгэ усэм и макъым, Урысейми адыгэ лъэпкъми нэгъуэщI нэкIэ къригъэплъащ.
14 февраля, 2020 - 08:00
Мазаем и 1-м щыщIэдзауэ Катарым махуибгъукIэ щекIуэкIа «Кубок Париматч Премьер» зэхьэзэхуэм Мэзкуу и «Спартак»-м хэту саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ Мырзэ Резуан. КъищынэмыщIауэ, абы и гъуащхьауэ нэхъыфI хъуащ, зэпеуэм и зэIущIищым топитI щыдигъэкIри.
|