Календарь событий

19 февраля 2020

ТекIуэныгъэм дыхуэзыша лъэбакъуэ 1418-рэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым къызэритамкIэ, Уры­сей Федерацэм Зыхъумэжыныгъэм­кIэ и министерствэм зэхилъхьащ «Фэ­еплъым и гъуэгуанэ» проектыр. Ар зыхуэунэтIар зауэм и лъэхъэнэм фронтым Iута псоми ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ зэхуэхьэсынырщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэрэ пщэдейрэ

Мазаем и 19, бэрэжьей

Сабий IуэхущIапIэм зеужь

«Доступная среда» къэрал программэм ипкъ ­иткIэ, сабий творчествэм и «Эрудит» IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэщащ пэшыщIэхэр. Ахэр техникэм и иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ зэщIэузэдащ, пэш кIыфIрэ нэхуу зыщхьэщедз, зэрыжаIэмкIи, сабийм и зыужьыныгъэм хуолажьэ. Пэш кIыфIым цIыкIухэм зыщагъэпсэхуфынущ, нэхум щылэжьэнущ, щыджэгунущ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхахащ «Динамо» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщIыр

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и зэIущIэ.

Хэку дахагъэм нэху щыхункIэ псэ ешар щIобэг

УДЖЫХЪУ  Исам

Тхыдэ гъуэгуанэхэм
я джэрпэджэжхэр

 
Жэщ зекIуэныр къохъу
Къыщыхэхъыжьэ
Си гупсысэ щхьэм къищхьэрыуам.

ХэкулI щыпкъэ Джатауэ Хьэмыщэ

Дзэм и полковник Джатауэ Хьэмыщэ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэ хъуауэ щытахэмрэ къызы­хэкIа лъэпкъым яцIыхуным ехьэлIауэ куэд дыдэ зылэжьа адыгэлI щыпкъэр, сэ япэ дыдэу щыслъэгъуар, цIыхугъэ щысхуэхъуар сыщалъхуа Зеикъуэрщ. Сэ абы щыгъуэ ебланэ классым сыщIэст.

Къанокъуэ Арсен: Си мурадхэм ящыщу япэр - си Хэкум схузэфIэкI хуэсщIэнырщ

Политик цIэрыIуэ, 2005 - 2013 гъэхэм КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен иджы илъэс еплIанэ хъуауэ къэрал IэнатIэ пэрыту ди лъахэм и зыужьыныгъэм хуолажьэ - ар УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэщ, ФС-м Хамэ къэ­рал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэщ.

Джылахъстэнейр зыгъэбжьыфIэ Къазий Алексей

1991 гъэм Нартсанэ (Кисловодск) щекIуэкIырт Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Килограмм 76-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр щихъумэрт джылахъстэней щIалэ Къазий Алексей. А зэпеуэм абы и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ икIи куэдым гу къылъатащ зэIущIитхум ящыщу плIым къабзэу зэрыщытекIуам къыхэкIыу. Ар иужькIэ дунейпсо чемпион хъуа, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, вице-олимп чемпион зыгъэхьэзыра Къазий Алексей и спорт гъуэгуанэ кIыхьым и къежьапIэу арат.

ФIыщIэ тхыгъэ

 

Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм къыIэрыхьащ «Футбол цIыкIум и ассоциацэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Едэкъуэ СулътIан къыбгъэдэкI фIыщIэ письмо.

Сом мелуани 3-м щIигъу япшынащ

ФщIэн папщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуам тещIыхьауэ мазаем и 1 - 7-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэрызэпаудам теухуа унафэ 7950-рэ къащтащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 5-рэ мин 84-м нэблагъэ. А махуэхэм япшынащ сом 3 028 250-рэ.

Бардош Аллэ иджы ещанэу токIуэ

 

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэ­щIэтынымрэ къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ зи IэщIагъэм нэхъ хуэIэижьыр къэзыгъэнэIуэну 2020 гъэм и япэ зэпеуэ - мафIэс-къегъэлакIуэ частым и диспетчер нэхъыфIыр къыщыхахар.