Календарь событий

20 мая 2020

Дунейм щыхъыбархэр

Мы илъэсым зэрыщIидзэрэ щIыдагъэм и уасэр хэпщIыкIыу ехуэхыурэ къекIуэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэр а продукцэр дунейпсо сату щIыпIэхэм зэрыщызэтрихьарт, коронавирус узыфэм дунейм зэрызыщиубгъуам и зэранкIэ щIыдагъэхэкIыу къэралхэм къагъэсэбэпхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуарт, ар дунейпсо экономикэм хуабжьу егуэуэнкIи шынагъуэт.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ИстамбылакIуэ

Ермоловым и зэман лъандэрэ хабзэ яхуэхъуауэ, урыс пащтыхьым и дзэпщхэр кавказ бгырысхэм я ужь къызэритар мафIэрэ джатэрэщ.
МафIэмрэ джатэмрэ къела бгырысхэр я хэкум ирамыхуауэ, Кавказыр я IэмыщIэ зэрырамыубыдэфынур щIэх дыдэ къагурыIуащ урыс дзэпщхэм.

ХьэмкIэтIий деж

АБАЗЭХЭ лIыкIуэхэм епсэлъэн папщIэ, урыс пащтыхьыр (Александр ЕтIуанэр) 1861 гъэм и бжьыхьэм ХьэмкIэтIий къызэрыкIуэм и хъыбар Iуащ. Абазэхэхэмрэ урыс пащтыхьымрэ зэрызэIущIам и хъыбарыр иджыри къэс ящIэж зи ныбжь хэкIуэтахэм - зыбжанэрэ срихьэлIащ апхуэдэ лIыжьхэм, абыхэм ящыщщ си анэ дэлъху Азэмэт-Бгъуащэ Мэхьэмчэрий.

Лъапсэрых

Кавказ зауэр илъэсищэкIэ зэрекIуэкIам псори дыщыгъуазэщ - Къэбэрдейм щызэхаублэри, убых щIыналъэм 1864 гъэм щаухащ ар. Зауэм Кавказ щIыналъэм и нэхъыбапIэм зыщиубгъуауэ щытащ, ауэ ар лъапсэрых зыхуэхъуар адыгэхэрщ: зауэм хэкIуэдам нэмыщI, я хэкур ирагъэбгынащ адыгэхэм я процент бгъущIым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар зэрыгеноцидым - апхуэдэ лей ирахащ адыгэхэм: я хэкур нэщI хъуху, лъапсэрых зауэр ящхьэщыкIакъым. Аращ геноцидкIэ зэджэр - лъэпкъыр зэтебукIэрэ и хэкум ипхумэ.

Пащтыхь гуащэм и тхыгъэ

Генерал Къундыхъу Мусэ и гукъэкIыжхэм щыщ

Пщыхэр сшэри, Тифлис дыкIуащ. Штабым и унафэщIым къицIыхурт ахэр. Ар къепсэлъа нэужь, пщыхэр корпусым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ.

Допинг къэпщытэныгъэхэм хригъэлъэфахэр

«Допинг» (doping) инджылыз псалъэм къокI «наркотик зэхьэлIэн» жиIэу, нэхъыбэу къыщагъэсэбэпри спортыращ. Апхуэдэу йоджэ цIыхум и зэфIэкIыр хэпщIыкIыу хагъэхъуэн папщIэ спортсменхэм хущхъуэ зэхэлъ щрахьэлIэм и деж. А Iуэхугъуэм хуабжьу дэни зыщиубгъуащ. Псом хуэмыдэу итхьэкъуар Урысейращ. Аращ дунейпсо утыкухэм ди къэралым и спортсменхэм я нэхъыбэр кIуэ пэтми нэхъ пэIэщIэ щIыхуащIыр, нэмыплъ къыщIратыр.