Календарь событий

08 июля 2020

Зи махуэр зыгъэлъапIэхэр

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Зауррэ а IэнатIэм и Iуэхухэр зэфIэгъэкIыныр зи пщэрылъ Вындыжь Абезулрэ, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр ящIыгъуу, бадзэуэгъуэм зи махуэр зыгъэлъапIэ нэхъыжьыфIу 22-м ехъуэхъуащ. Абыхэм щыщу тIум я ныбжьыр илъэси I00 ирокъу, щыр – илъэс 95-рэ, пщыкIублыр – илъэс 90 мэхъу.

ПЦР–лабораториещIэм лэжьэн щIедзэ

УФ-м и УФСИН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм Хабзэм ебэкъуахэм я щыуагъэр щагъэзэкIуэж и колонием (Каменкэ къуажэм) егъэбыдылIауэ лажьэ «Сымаджэщ» ФКУЗ МСЧ-7-м къыщызэIуахащ ПЦР-лабороториещIэ. Полимеразнэ цепной реакцэ жыхуаIэж къэхутэныгъэ лIэужьыгъуэм тестхэр, иджыпсту екIуэкI коронавирус уз зэрыцIалэм ейри хэту, ирипщI мэхъу.  

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ
УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я ракетэдзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ 951 гъэм Франджым и щыхьэр Париж ухуэн щIадзащ.

ЗыхужаIар адыгэхэрщ

МИЛЕТСКИЙ Дионисий «Арго» кхъухьым исахэм ятеухуа хъыбарыжьхэр» зыфIища япэ тхылъым щыжеIэ Киркэ IэIэтрэ Персей ипхъу Гекатэрэ я быну, Медее и шыпхъуу зэрыщытар. Абы зэритхымкIэ, Гелиос а щIыпIэм къуитI щиIащ, абыхэм я цIэхэр IэIэтрэ Персейрэт. Щхьэж хэгъуэгу зырыз къыIэрыхьащ: IэIэт - колххэмрэ мэуэтхэмрэ щыпсэу щIыпIэр, Персей - Таврхэм я щIыналъэр.

 Родосский Аполлони,
пасэрей алыдж усакIуэ, бзэ щIэныгъэлI,
ди эрэм и пэкIэ 1295-1215 гъ гъ.

Согуэ Данил и уэрэдхэр

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыуагъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

ЛЪЭМЫЖ

ЗЭМАН гуэр зы унагъуэ хъарзынэ псэурт. Абыхэм уардэунэшхуэ, хьэщIэщ, гуэн, бо-чэт хуэдэхэр дэту, Iэщ-былым хъупIэу, жыг-хадэ гъэкIыпIэу, мэкъумэш щIапIэу щIышхуэ яIэт.

Онегин Евгений

                   XVII
ЖиIэху Евгений а ущиер,
Татьянэ, и нэм щIэзу нэпс,
Мыбауэу, псалъэхэм щIэдиерт,
ЕдаIуэрт щыму, хъуауэ щхъуэпс.

Хъущт Аслъэнбэч Шапсыгъым зэрыщагъэлъэпIар

1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм и гуащIэгъуэу зыщыхуагъэхьэзыр        бадзэуэгъуэ (июль) мазэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм пэмыжыжьэ Белоглинское къуажэм щыпсэу Хъущтхэ я унагъуэм дунейм къыщытехьащ пелуан теплъэ зиIэ щIалэ Iэбыдэлъэбыдэ. ЦIыхум и натIэм къритхар хуэгъэфэщэгъуейщ, ауэ Къытщхьэщытым фIэкIа зыми ищIакъым илъэс 28-рэ дэкIмэ ар дэтхэнэ зы спортсменри зыщIэхъуэпс Олимп чемпион хъуну.