Календарь событий

17 июля 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуэжыну хуейхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№79-ПП   2020 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м   Налшык къалэ

БаIуэ нэхърэ - бащIэ

Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, ды­гъуа­сэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар - илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъу­саныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щы­щIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ - ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ ­игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Дудэ Анджей токIуэ

Польшэм и президент Дудэ Анджей щытекIуащ къэралым и Iэтащхьэр хэхыным теухуауэ тхьэмахуэ махуэ кIуам, бадзэуэгъуэм и 12-м, а хэкум щекIуэкIа IэIэтым.

«Удзыфэхэм» я унафэщI УнащIэ Джем

Хамэ щIыпIэ цIэрыIуэ ­щыхъуа адыгэхэм язщ Германием и жылагъуэ лэ­жьакIуэ цIэрыIуэ, «Удзы­фэхэм я парт» зэгухьэныгъэм ­щы­­па­­шэ Оздемир (УнащIэ) Джем.

ТщIэн хуейр мащIэкъым

Ди газетым зэрытетащи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIэри, накъыгъэм и 20-м видеоконференц щIыкIэм тету ирагъэ­кIуэ­кIащ.

«Жьынэпсыр» адыгэбзэкIэ къыдокI

Илъэсищэрэ щэ ны­къуэм щlигъуащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы лъандэрэ хэхэс адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм щопсэу, я хэкум пэIэщIэу, я хабзэмрэ я бзэмрэ зэрамыгъэкIуэ­ды­ным егугъуу.

Си лъэпкъым и гуауэр

*   *   *
Си лъэпкъым и гуауэр Iэпкъынэм къыхохьэ,
Гъуэгу щIыIэм зеубгъури, си пащхьэм щодий.
Сэ гъыбзэкIэ лъапцIэу уэгу гущIэм сынохьэ,
Уэгу щIыфэр ячатхъэу, псэ минхэр мэкIий.
Толъкъун IэлъэщI фIыцIэу тенджызым щыхъейхэм
Кхъухьыжь хьэдэ лъэгу гущэхэм зыкIэлъаубгъу.
Тенджызым хэплъэхукIэ уэгу щIыIэм игъейхэр
ИгъащIэкIэ лъэпкъым гуузу дэщIыгъущ.
Тенджызыр мэбампIэ, мэгыз, мэуфIыцIыр,
Мэгубжьри зэм йолъыр, толъкъун зэпещIыкI.
Лъэпкъ гуауэр щIэмыхуэу си нитI суфIыцIми,

Си адэ Ацкъан Хьэсбий

Си адэр куэдрэ си нэгу къыщIохьэ мыпхуэдэу: ар щIым хоплъэ, пхыплъыну хэт фIэкIа умыщIэну. ИужькIэ уафэм ходэIухь, зэми и нэр быдэу зэтрипIэу. Апхуэдэм деж сэри уафэм сыходэIухь, ву макъ гуэр зэхэсхыу къысфIэщIу. Нэхъыжьхэм къызжаIауэ сощIэ си адэр зауэм лIыгъэ зэрихьэу зэрыщыIар, кхъухьлъатэзехуэхэм зэрахэтар. Абы теухуауэ езым зыри къыбжиIэнукъым, сэ абы и гум щызэблэкI псор щызыхэсщIэнум сынэсакIэкъым. Ву макъ гуэр къэIуауэ къыщыхъуа – си адэр уафэм ходэIухь, и нэ ­къуэлэнышхуитIым, зэщIэлыдэу, зыгуэр щызолъатэ, зэми хьэндырабгъуэ къысщыхъуу.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ пэжхэр
Нэхумрэ IэфIымрэ щыщIэркъым

Захуагъэр зэфIоувэжри, Билал чемпионыгъэр къыхуагъэфащэ

Японием и къалащхьэ Токио мыгувэу, бадзэуэгъуэм и 24-м, къыщызэIуахын хуеящ XXXII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Абы хэтыну икIи щытекIуэну хуабжьу щIэхъэупсырт адыгэ бэнакIуэ цIэрыIуэ, дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ Олимпиадэр илъэскIэ ягъэIэпхъуащ, ауэ ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ!