|
Календарь событий
12 августа 2020
12 августа, 2020 - 08:20
Лукашенкэ Александр токIуэ
Тхьэмахуэ махуэ кIуам - шыщхьэуIум и 9-м - Белоруссием щекIуэкIащ президент хэхыныгъэхэр. Абы кърикIуахэр зэхэзылъхьэж ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм зэкIэ къызэритамкIэ, абы бжьыпэр щиIыгъщ къэралым и иджырей унафэщI Лукашенкэ Александр.
12 августа, 2020 - 08:19
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2016 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа Унафэ №156-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №134-ПП
2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м Налшык къалэ
12 августа, 2020 - 08:19
Мамлюк сулътIанхэм яухуа Мысыр къэралыгъуэшхуэм кIуэдыжыпIэ хуэхъуа Мардж Дэбикъ зауэзэрылIыр иужьрей мамлюк сулътIанхэу Къанщауэ Гъуррэ Тумэнбейрэ я цIэхэм епхащ. А тхыдэ Iыхьэм зэзэмызэ дытепсэлъыхьми, хэтщIыкIыр зэрымащIэ дыдэр и щхьэусыгъуэ къыщIэкIынщ зи цIэ къитIуа лIы щыпкъэхэм я хъыбархэр иджыри къэс ди блэкIами ди нобэми зэрахуэфэщэну щIыхэмытым. Санкт-Петербург дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетым и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Илюшинэ Миланэ и диссертацэр мамлюк сулътIанхэм ятриухуащ. Ар илъэс бжыгъэ хъуауэ йолэжь хьэрыпыбзэ Iэрытххэу Берлин дэт къэрал тхылъ хъумапIэм щIэлъхэм. Илюшинэм утыку кърихьа лэжьыгъэ щхьэпэ дыдэхэм ящыщщ «Иужьрей мамлюк сулътIаныр уэсмэнхэм зэрапэщIэтамрэ» «Къанщауэ Гъур и «Къэщидэ лъапIэхэмрэ».
12 августа, 2020 - 08:15
Тыркум къыщыхъуащ
Зи анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIхэм, зэзымыпэсыжхэм дерс къыхахыну ди гугъэщ иджыпсту вжетIэжыну хъыбарым. Ар къытхуэзыIуэтэжар Тыркум щыпсэуа адыгэ щIалэ Тхьэзэплъ Фозийщ.
12 августа, 2020 - 08:15
Дунейпсо Шэрджэс фестивалым (1991 гъэ) и лIыкIуэхэу нэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Сирием щыпсэу адыгэ пщащэ КIэдыкIуей Хъанэ.
Хъанэ Дамаск еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиухащ. И IэщIагъэкIэ сурэтыщIщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт зыбжанэ Сириемрэ США-мрэ ехъулIэныгъэ яIэу щагъэлъэгъуащ. ИужькIэ КIэдыкIуейр стюардессэу лэжьащ, къэрал куэд илъэгъуащ. Езым зэрыжиIэжымкIэ, Хэкужьым нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ, нэхъ зыгъэпIейтей дунейм темыту аращ.
12 августа, 2020 - 08:15
Израилым адыгэ къуажитI исщ - Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Кфар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 3200-рэ мэхъу. Рихьанием щопсэу абазэхэ, шапсыгъ 1200-рэ хуэдиз.
12 августа, 2020 - 08:00
ШыщхьэуIум и 5-м къэралым и щIыпIэ зыбжанэм щыщIидзащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуауэ 2020-2021 гъэхэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэм. Абы и пэщIэдзэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» и стадионым къыщригъэблэгъат «ЕсэнтIыгу» командэр. Ди щIалэхэм зэпеуэм япэ лъэбакъуэр тегушхуауэ щачащ икIи гугъэфIхэр дагъэщIащ.
|