Календарь событий

14 августа 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Зыми имей псэущхьэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщахущытыпхъэр щыубзыхуа Хабзэр къэщтэным и IуэхукIэ
№48-ПП
2020 гъэм гъатхэпэм и 24-м                                     Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм псэущхьэхэр
щаIыгъ щIыпIэхэр къыщызэгъэпэщынымрэ абыхэм щыIэ псэущхьэхэм ехьэлIа мардэхэр гъэувынымрэ я IуэхукIэ
№49-ПП
2020 гъэм гъатхэпэм и 24-м                  Налшык къалэ

Дунейм щыхъыбархэр

Вакцинэр къыщIагъэкIыу щIадзащ
 

Путин Владимир Правительствэм хэтхэм шыщхьэуIум и 11-м щахуэзам хэIущIыIу ищIащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыфыну вакцинэ дунейм щыяпэу Урысейм хьэзыр зэрыщыхъуар икIи ар къагъэсэбэпыну хуит зэращIар. Урысей Федерацэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр арэзы техъуащ эпидемиологиемрэ микробиологиемкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым, Гамалея Николай и цIэр зезыхьэм, ИнвестицэхэмкIэ урысей фондыр щIыгъуу игъэхьэзыра вакцинэм.

Арутюновым адыгэхэм я тхыдэр фIыуэ ещIэ

Арутюнов Сергей Урысейм пщIэ хэIэтыкIа зыщыхуащI тхыдэджу, этнографу зэрыщытым къыдэкIуэу, Налшык щIэх-щIэхыу къеблагъэ академикхэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэ щIэныгъэлI зекIуэхэм я зым и фIыгъэкIэ дэ Iэмал диIащ а зэманым телевиденэм щылэжьа, нобэ Къармэхьэблэ дэт курыт еджапIэм и унафэщI Щоджэн Мурат абы дригъэкIуэкIа интервьюм дедэIуэну. ЩIэупщIэр зэрыкуэдым и хьэтыркIэ, а нэтыныр адыгэбзэм къидгъэзэгъауэ ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ къыдолъхьэ.

Мэрем пшыхь

 

ЖыIэгъуэхэр
Лъагъуныгъэм и къарур

ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ.
* * *
 Зыгуэрым пэжу гу лъитащ: псори куэдрэ псэуну хуейщ, ауэ жьы хъуну зыри хуейкъым.

Онегин Евгений

 Пушкин Александр

XXXII
Хэмылъу шэч, къыхуэлъэгъунут
Зыхуейм Татьянэ и пIейтейр,
Хуэдгъэгъу ар щхьэдэIуххэм хъунут:
Ягуэшырт-тIэ дэлэн ин Iейр
(ЖытIэнти пэжыр, шыугъэIуэр);
Сагъызу я щхьэтепIэ щIыIур,
Бащырбэхэм цимлянскэр итщ,
Ефэнур, IэфIыр къахьыр, хуитщ;
Къахьащ абдж бгъузэ, ар зракIэ,
Бгы псыгъуэхэм сигу къагъэкIыж
Зизи; сэ си псэм хэмыкIыж,
Уезгъэщхьырт уэ абдж псынщIэ
щхъуакIэм;
ФIылъагъуныгъэм и абдж щыкъу,
Узэрыслъагъур сримыкъут.

Стадионми Iэпщэм и цIэр фIащ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм екIуу зыхуей щыхуагъазэри, гуфIэгъуэ щытыкIэм иту иджыблагъэ къыщызэIуахыжащ щIыпIэ стадионыр. Абы дяпэкIэ зэрихьэнущ а жылэм къыдэкIа цIыху цIэрыIуэ, адыгэхэм ящыщу футболымкIэ япэ дыдэу Совет Союзым 1964 гъэм и чемпион хъуа Iэпщэ Александр и цIэр.