Календарь событий

21 августа 2020

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
Латвием и къэрал щхьэхуитыныгъэр щызэфIагъэувэжа махуэщ
1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).

ЩIэнгъуазэ пэлъытэ ирехъу

2008 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэм» лъэпкъым и тхыдэм фIыкIэ къыхэна цIыху цIэ­рыIуэхэм ятеухуауэ гуэдзэн щхьэ­­хуэхэр къыдегъэкI. Дунейм къы­техьакIэщ КIыщокъуэ Алим, Темыр­къан Юрий, IутIыж Борис, МэшбащIэ Ис­хьэкъ, Къэшэж Иннэ, Къардэн­гъущI Зырамыку, Налохэ Зауррэ Ахьмэдхъанрэ, Мэлба­хъуэ Тимборэ, Къалмыкъ Юрий, Бэрбэч Хьэ­тIутIэ, Iэп­щэ Александр, Хьэшыр Чылар, Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин) сымэ, нэгъуэщIхэми ятеу­хуа­хэр.

Шагъдий

Уэрэд

Си шы къарапцIэу
ПцIащхъуэу щIэлъэтым
Ди губгъуэ куэщIыр
Уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэ макъыу
Тхыдэм къыщыджэр
ЛIыгъэ макъамэм
И джэрпэджэжкъэ!
ЛIыхъур уэрыншэм
Iэщэншэ къабзэт,
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт.
Лъэпкъым и гуауи
Уэ дэбгуэшакъэ,
Лъэпкъым и гуапи
Уэ ухэтакъэ.

Шыгъажэ хъуамэ,
Щытхъур къыбохьыр -
ЩIыхьыр уохъумэ
Шагъдий лъэрыхьым.

Дунейр егъэбжьыфIэ

Гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу иужьрей илъэсхэм Адыгэш лъэпкъым и пщIэм Урысейми хамэ къэралхэми щыхэ­хъуащ. Ар и фIыгъэщ а шы лъэпкъым езым и хэкум гулъытэ куу зэрыщы­хуащIми, къэрал уна­фэщIхэм шы зезыхуэхэм я лэжьыгъэм зэрызэщIагъа­къуэми, шы лъэпкъыр егъэ­фIэкIуэным елэжьу къэралымрэ республикэмрэ ит щIэныгъэ­рылажьэ институт­хэм Iуэ­хум псэемыблэжу щы­пэрыт IэщагъэлIхэм ялъэкI къызэрамыгъанэми.

Кливленд пцIэгъуэплъымрэ адыгэшымрэ зэхуаIуэхур сыт?

Лъэрызехьэхэм кхъухьлъатэ щызэрагъэ-пэщ  ди  лъэхъэнэм  шы  зехуэныр пасэрей хьэлу къащохъу нэхъыбэм.  КуэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ а зэман дыдэм адыгэшым и пщIэр езым и хэкум нэхърэ и гъунэгъухэм; ­гъунапкъэм уикIмэ - цивилизацэм и курыкупсэм ис европей лъэпкъхэм я деж зэры­щынэхъ лъагэр.

Эдилс-Эхнатон - адыгэ лъэпкъым и лIыкIуэ

2013 гъэм Германием, Нюрнберг къалэм шы лъэп­къыфIхэр щыщагъэлъэгъуам, Краузер Штеффи тесу адрейхэм къыхагъэщхьэхукIа адыгэшым и цIэр Эдилс-Эхнатонщ. Интернет сайт щхьэхуэ зыхухаха а шым и хъыбарыр къеIуатэ Груссельберг къалэм «Шагъдий» журналыр къыщыдэзыгъэкI, «Адыгэшыр фIыуэ зы­лъагъухэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм» и унафэщI Кнол ­Тобиас.

Гъэрихым уэркъ щауихыр дошэс

Адыгэм и ныбэ егъэны­къуэри, и шым и ныбэ ирегъэкъу.