Календарь событий

16 сентября 2020

Ажалищэм къела

Къамэ дзитI зыIуту,
Ар хэтащ зауищым,
Уащхъуэ гъуэгу къриту,
Къелащ ажалищэм.
Финляндием и мэзым
ЩыхьэщIащ зекIуэлIыр,
Абдеж шэгын гъуэзым
Щепэмащ зауэлIыр.
Мэзкуу зыхъумахэм
Яхэтащ жыджэру,
Фашист щхьэрыуахэм
Игъэжащ ялъ уэру.
Сталинград зэхэуэм,
Хэтащ и гуащIэгъуэм,
Жэщ топхэр щымыуэм,
Ар ещакIуэт благъуэм.
ТIасхъэщIэх псэхэхыу,
Бийм я щIыб къыдыхьэт,
Есахэр щхьэфIэхыу,
ХыщIэу игъэпыхьэт.
Самурай нэкъитхъми
Лъигъэсащ хуэфащэ.

Хъуран Жаннэ и гуащэхэмрэ сурэт телъыджэхэмрэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, «Калейдоскоп» фIэщыгъэм щIэту Хъуран Жаннэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Мы илъэсым ирагъэкIуэкIынукъым

«Путин Владимир эфир занщIэкIэ зыпыдощIэ» зэIущIэхэм хуэдэ мы гъэм ирагъэкIуэкIынукъым. Абы щыщ Iыхьэхэр УФ-м и Президентым илъэс къэс ит пресс-конференц иным хагъэхьэну аращ. Апхуэдэ хъыбар зэбгригъэхащ къэралым и УнафэщIым и пресс-секретарь Песков Дмитрий.

Дыхуейщ дызэзыгъэкIуж фэеплъхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм я жылагъуэ ­зэгухьэныгъэхэмрэ цIыху щхьэ­хуэхэмрэ къабгъэдэкIыу иужь тхьэмахуэм куэдым зыкъысхуа­гъэзащ Адлер щыIа фэеплъ дамыгъэр зэрыIуахыжам теухуауэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щыжаIэхэм ехьэлIауэ. Къапщтэмэ, куэдым яфIэхьэдэгъуэдахэщ дизайнер цIэрыIуэ Лебедев Артемий и видеороликыр. Сэри абы се­плъащ икIи юристхэм я пщэ ­ислъ­хьащ урысей законода­-тельст­вэр а гъэлъэгъуэныгъэм къызэ­рызэпиуд щIыкIэр яуб­зы­хуну.

Адыгэбзэр зыIэщIэхухэм сэбэп яхурехъу!

Ди газетымкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIащи, щэкIуэгъуэ мазэм продюсер цIэрыIуэ Хьэцей Тимур и жэрдэмкIэ къызэIуахащ «Черкес-FM» ­радиостанцыр. Адыгэ радиом и ехъу­лIэныгъэхэмкIэ къыддэгуэшэну ди хьэщIэщым къытхуеблэгъащ радиостанцым и гъэзэщIакIуэ унафэщI ­ГъукIакъуэ Идар.

Дэрмывэм и лIыгъэ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр щыгъэтауэ, Совет Союзу щытами цIыху куэд щыбгъуэтынкъым Фин зауэми, Хэку зауэшхуэми, Япон ­зауэми лIыгъэ хэлъу хэтауэ, псэууэ къыхэкIыжауэ.

Зи гъащIэр макъамэ зэфэзэщ

УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн Алий и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

Олимп чемпионхэр щагъэсэну бэнакIуэ пэш Шэджэм къалэ къыщызэIуах

 Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ школ Шэджэм къалэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ. Абы фIащащ а спорт лIэужьыгъуэмкIэ Олимп чемпион, дунейпсо кубокыр къэзыхьа Къардэн Мурат и цIэр.