Календарь событий

30 сентября 2020

Дунейм щыхъыбархэр

Дунейпсо цIыхубэм
къыхахыу щытамэ…

 
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мамырыгъэр хъумэным хуэунэтIауэ зэфIигъэкI лэжьыгъэшхуэм папщIэ Нобель и саугъэтыр 2021 гъэм къыхуагъэфэщэну къагъэлъэгъуащ. Апхуэдэ Iуэху къезыхьэжьар тхакIуэ, щIэныгъэлI, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысейпсо фондым и унафэщI Комков Сергейщ.

УэрэдкIэ дунейм йопсалъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щып­сэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Согуэ Данил Жамболэт и ­къуэм и ныбжьыр  илъэс 80 ири­къуащ.

Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIа щIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий

Ди республикэм и щэнхабзэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, Къэбэрдей-­Балъкъэрым и щIэныгъэлI щыпкъэ, егъэджакIуэ Iэзэ, тхакIуэ цIэрыIуэ МафIэдз Сэрэбий Хьэжмэстафэ и къуэр зи зэфIэкI лъагэхэмкIэ ди щIыналъэми хамэ щIыпIэхэми цIэрыIуэ щыхъуа лъэпкъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ. КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ...

Дзэзешэ Iэзэ, тхыдэтх Жэрыщты Исмэхьил

Нобэ тхыдэм и напэкIуэцI­хэм ди нэгу къыщIагъэхьэж ­дзэзешэ цIэрыIуэ, генерал ­Бэркъукъу Исмэхьил (1889 - 1954) хамэ щIыналъэм къыщыхъуа, щIэныгъэрэ IэщIагъэ­рэ щызригъэгъуэта хэку етIуанэм и щIыхуэ зытемына адыгэ хэхэс лIыщхьэхэм язщ. Исмэхьил и адэ Алий къызыхэкIар Жэ­рыщтыхэщ. ЗэкъуэшиплIым ящыщу тIур - Исуфрэ Алийрэ - 1877 гъэм адэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуэ­ри, Инусрэ Уэсмэнрэ хэкум ­къинауэ щытащ.

Япэ текIуэныгъэм адрейхэри къакIэлъокIуэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр хуабжьу зэмыщхьу иригъэжьащ «Спартак-Налшыкым»: шыщхьэуIум (августым) хиубыда пэщIэдзэ джэгугъуиплIым щэнейрэ къыщыхагъащIэри, зэм зэрыщытегъэкIуакъым, къыкIэлъыкIуа фокIадэ мазэм къыщыпэщылъа зэIущIищми щытекIуащ икIи зэпеуэм къыщыкIэрыху командэхэм къахэкIри, курыт зэфIэкI зиIэхэм яхыхьащ.