Календарь событий

23 октября 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къуажэхэм лъэныкъуэ псомкIи зегъэужьын» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№216-ПП

2020 гъэм фокIадэм и 24-м Налшык къалэ

Дунейм щыхъыбархэр

Михалков Никитэ «Урысей
Федерацэм
ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр хуагъэфащэ

 
Президент Путин Владимир жэпуэгъуэм и 21-м Iэ щIидзащ режиссёр Михалков Никитэ «УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зэрыфIищым теухуа Указым.

Абхъаз таурыхъхэр

Рицэ гуэлыр къызэрыунэхуар

Гуащэнэ - урыс пащтыхь гуащэ

Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къы­щы­дэ­кIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица рус­ская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэ­гъуэнкъым - художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэм-рэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Адыгэ лIакъуэхэр Къэбэрдейхэр

«Спартак»-м и гъуащхьэтетхэр. Япэ Iыхьэ

 Топджэгум гъуащхьэтетым мыхьэнэшхуэ дыдэ щиIэщ. Абы куэдкIэ елъытащ гупым и ехъулIэныгъэри хэщIыныгъэри. Налшык и «Спартак»-м къикIуа гъуэгуанэ кIыхьым гъуащхьэтет ахъырзэман зыбжанэ хэтащ. Къэралпсо утыку щихьа 1959 гъэм щыщIэдзауэ япэ дыдэу ар зыхуагъэфэщахэу Францев Виктор, Тумасян Адольф, Алий Руслан сымэ я деж щыщIэдзауэ иджыпсту ди гъуэр зыхъумэ Антипов Антон и деж щиухыжу абыхэм я бжыгъэр куэд дыдэ мэхъур. Нэхъ цIэрыIуэ хъуахэр дигу къэдгъэкIыжынщ.