|
Календарь событий
04 ноября 2020
4 ноября, 2020 - 08:15
ЩэкIуэгъуэм и 4, бэрэжьей
4 ноября, 2020 - 08:14
Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэси 125-рэ ирикъунут адыгэ пшынауэ, уэрэдус Къэжэр Индрис къызэралъхурэ. Ар зи гуащIэрэ пщIэнтIэпскIэ псэуж, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм къыхэкIащ. Индрис и адэ-анэм щIалищрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ.
4 ноября, 2020 - 08:10
Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и лэжьакIуэхэмрэ къыхалъхьа «Адыгэ щауэ» республикэ зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Джылахъстэнейм щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэм и къуажэхэм къикIа щIалибгъу.
4 ноября, 2020 - 08:10
Адыгэ, урыс, балъкъэр театрхэр зэгъусэу дылажьэу щытащ дэ. Театрыр театрщ, абы зыгуэр щызэмытIыркъыу, щызэфIэмынэу къэхъуркъым, абы щыгъуэми IуэхущIапIищ ущыхъукIэ. Апхуэдэ щытыкIэхэр тыншу щабэ ищIыжыфырт Тубайм. Зэрыхъуари зэрыщIари умыщIэу, жыжьэ къыщыщIидза хуэдэу къыпщыхъу зы псалъэмакъ гуэркIэ Iуэхум гъунэгъу зыкъыхуищIырти, ар зытриуIэфIэжырт.
4 ноября, 2020 - 08:08
Насып нэхъ ин дыдэу къызэуэлIахэм ящыщщ Тубай Мухьэмэдрэ ДыщэкI КIунэрэ я унагъуэм сыкъызэрыщалъхуар. Апхуэдэ псалъэхэр дэтхэнэ зы къуэми, пхъуми хужыIэну къыщIэкIынщ, ауэ егъэлеяуэ адэ-анэфI, зэгурыIуэрэ зэрылъытэрэ я кум дэлъу, сиIащ.
4 ноября, 2020 - 08:08
Тубай Мухьэмэд Мудар и къуэр 1919 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Тэрч районым хыхьэ Къаншыуей (иджы Курп Ищхъэрэщ) къуажэм къыщалъхуащ.
4 ноября, 2020 - 08:05
«Черкес ФМ» лъэпкъ радиор нобэ адыгэ дунейм Iулыдж ин щызиIэ IуэхущIэу зэфIэуващ. Уеблэмэ, хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэр нэхъри зэрипхыжу, адыгэбзэм и IэфIагъыр игъэнаIуэу, адыгэ хабзэм и купщIэр тхузэпкърихрэ лъэпкъ макъамэ дахэм дыщIигъэдэIуу ди гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ.
4 ноября, 2020 - 08:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыхэта 2006 - 2012 гъэхэм абы и гъуэр яхъумащ ди къэралым щыщхэм къищынэмыщIауэ, Сербиеми Финляндиеми къикIахэм. Абыхэми «Спартак-Налшыкым» и тхыдэм лъэужь дахэ къыщагъэнащ. АрщхьэкIэ налшыкдэсхэр Урысей Федерацэм и футбол гуп нэхъ лъэщ дыдэм хэзышари, япэ лъэбакъуэхэр абы щезыгъэчари ди республикэм къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса гъуащхьэтетхэрщ.
|