|
Календарь событий
11 ноября 2020
11 ноября, 2020 - 08:17
Япэрауэ, Дашу Хьэшыр цIыху къекIуу, нэсри къэсыжауэ адыгэ щIалэщ, зыхужаIэм хуэдэу щытащ. ЕтIуанэрауэ, цIыхуфI дыдэт, зэчиифIэми, зыкъыфIэщIыжын жыхуэпIэр и хьэлым хэлътэкъым.
11 ноября, 2020 - 08:15
Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI «совет» мыхьэнэр зиIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым лажьэ «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэр Налшык къыщызэрагъэпэщащ 1990 гъэм накъыгъэм и 7-м. Абы и Уставым илъэси 6 ипэкIэ дыхэплъэжащ икIи къару зиIэ дэфтэру къэтщтауэ дролажьэ.
11 ноября, 2020 - 08:15
«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы и хьэщIэщым, КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэм, и блыным фIадзащ щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж телъыджэм, тхакIуэм, артистым и сурэт екIу.
11 ноября, 2020 - 08:15
Гъэлъэгъуэныгъэхэр
Лъэпкъ къэрал библиотекэм, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм, гъуазджэхэмкIэ и къудамэм щагъэлъагъуэ художник, гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI Хъуран Жаннэ и лэжьыгъэхэр.
11 ноября, 2020 - 08:03
Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я тхыдэ
Вэнымрэ жылэ хэпхъэнымрэ
11 ноября, 2020 - 08:00
Иджыблагъэ Наро-Фоминск щекIуэкIа Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатым домбеякъ медалыр къыщихьащ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэта Урыш Анзор. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ар епщыкIущанэу зэкIэлъхьэужьу (2008 - 2020 гъэхэм) къэралым и бэнакIуэ нэхъыфIищым яхэхуащ. Апхуэдэ иджыри къэс зыхузэфIэкIар Гацалов Хьэжмурат и закъуэщ (2001 - 2013 гъэхэм). Абы щыгъуэми осетин щIалэм дыдейр нэгъуэщI IуэхугъуэкIэ йофIэкI: ар быниблым я адэщ, Хьэжмурат иIэр зыкIэ нэхъ мащIэщ.
|