Календарь событий

07 апреля 2021

Тележурналистхэм Урысей гвардием и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу къулыкъу ирахьэкIащ

«Урысей гвардиер илъэситху ирокъу» акцэм хыхьэу «1 КъБР» телеканалым и корреспондентхэм Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ Управленэм и ОМОН-м и зауэлIхэм ящIыгъуу зы махуэ плъырыгъуэ ирахьэкIащ.

Лъэпкъ зыужьыныгъэм и пщалъэ

Ди къэралыгъуэм зиужь, ефIакIуэ зэпыту зэ­ры­щы­тым и щыхьэтщ республикэм и унафэщIхэм егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэм­рэ гулъытэ хэха хуащI зэ­рыхъуар. Нобэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми компьютерхэмрэ технологие пэ­рыт­хэмрэ нэсащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ къудамэ (КъБЩIЦ) 1993 гъэм и ­щIыналъэм къызэ­ры­щы­зэ­IуихамкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэм Iэмал ягъуэтащ дунейпсо зыу­жьыныгъэм и зы Iы­хьэ хъуну.

Къанокъуэ Мэхъэшокъуэрэ Сулеймэн Телъыджэмрэ

1950 щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм ­кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьы­гъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дип­ломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр но­бэми пхэнжу къэзыгъэлъа­гъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Урысей Федерацэм долларыр къыщамыгъэсэбэпыным теухуа псалъэмакъхэр куэд щIауэ къокIуэкI, иужьрей зэманым абы нэхъ трагъэчыныхь хъуауэ аращ. Псом хуэмыдэу УФ-мрэ США-мрэ я Iуэхур зэIыхьэу щыхуежьа иужьрей илъэсым абы нэхъ егупсыс хъуащ.

Балъкъыпс ефа Iей хъун хуейкъым

Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэ­рэджыIакIуэ Ташло Алийрэ сэрэ дызэкъуажэгъущ.­ Ар - бгы лъапэмкIэ, сэ - псыежэх IуфэмкIэ ды­къыщыхъуащ. 

«Кавказыджхэм я лэжьыгъэхэр»

Газетеджэхэр щыгъуа­зэ тщIыну ди гуапэщ ­Истамбыл къыщыдэкI «Кавказыджхэм я лэ­жьы­гъэхэр» журналым и зи чэзу номерыр дунейм къы­зэ­рытехьам. БзищкIэ (тыркубзэ, уры­сыбзэ, инджылызыбзэ) зэхэгъэува тхылъхэм адыгэ тхы­дэм тетхыхь щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэщIэхэр ихуащ.

Тхьэм псом я лейуэ къыхиха

«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIы­гъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щит­хащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм. 

Сочэ къыщыхэжаныкIахэр

КаратэмкIэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ Сочэ къалэм щекIуэкIащ. Къэралым и щIыпIэ 16-м къикIа спортсмен 885-рэ абы хэтащ.