|
Календарь событий
09 апреля 2021
9 апреля, 2021 - 08:33
1966 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ ди къэралым Геологым и махуэр щагъэуващ. Мэлыжьыхьым и япэ тхьэмахуэ махуэм ар щIытрагъэхуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, абдежыращ геологхэм гъэмахуэм ирагъэкIуэкIыну я губгъуэ лэжьыгъэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зыхуагъэхэзырын щыщIадзэр.
9 апреля, 2021 - 08:27
Чэнджэщ нэхъ хуэныкъуэр чэнджащэрейкъым.
Шыдми и макъыр фIэдахэжщ, армырамэ кIиинтэкъым.
9 апреля, 2021 - 08:25
♦Куржым и лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм Куржым и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ я къэралыгъуэр зэфIэгъэувэжыным теухуауэ.
♦Косовэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ
9 апреля, 2021 - 08:22
Дунейм цIыхуу тетыр расэ зэмылIэужьыгъуэу зэщхьэщедз, зэрытщIэщи: европеиднэ, негроиднэ, монголоиднэ, американоиднэ, австрало-веддоиднэ, къинэмыщIхэри. Дэтхэнэри иджыри къудамэ зыщыплIу зэщхьэщокIыж. Ауэ, цIыхур лъагэмэ, и нэкIур бгъуэмэ, натIэ лъагэмэ, и нэкъпэпкъыр къишарэ и жьэпкъыр хуэпсыгъуэмэ, пэ къуаншэмэ, нэ фIыцIэрэ щхьэц фIыцIэмэ, абы щхьэкIэ европеиднэ расэ е «кавказ лIэужьыгъуэ» жаIэ.
9 апреля, 2021 - 08:21
Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъу Къэрэгъул Зейнэ и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
«Хэкум и пщIыхьхэр» выставкэм къекIуэлIат республикэм и щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэр, къулыкъущIэхэр, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэр. Абыхэм псоми къыхагъэщащ Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэм я кууагъымрэ абыхэм ящIэлъ лъэпкъ гупсысэ дахэмрэ.
9 апреля, 2021 - 08:15
Режиссёр гъуэзэджэ, республикэм и театр гъуазджэр зэфIэувэным зи гуащIэ хэзылъхьа, лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр зыгъэува Теувэж СулътIан псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
9 апреля, 2021 - 08:00
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым и утыкухэм щызэхьэзэхуащ къэралым и щIыпIэ 22-м къикIа спортсмен 80-м щIигъу. Зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ спортсменхэр иризэныкъуэкъуащ тхэквондом и «керуги», «пхумсе» лIэужьыгъуэхэмкIэ Урысей Федерацэм щытекIуэн папщIэ.
|