Календарь событий

04 июня 2021

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ и щIыналъэмрэ  щIыуэпс, техногеннэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр,  мафIэс шынагъуэншагъэр, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр псыхэм къыщызэгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Дунейм щыхъыбархэр

Дунейм гъэщIэгъуэн куэд къыщохъу, ауэ США-м щыщ Висконсин штатым щыпсэу Миллермон Кен къыщыщIам хуэдэ махуэ къэс урихьэлIэркъым.

Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ

Зэгуэтха тхылъышхуэм Тыркум щыпсэу убыххэм я зы нэхъыжьыфI къиIуэтэжа гъэсэпэтхыдэ дигу къигъэкIыжащ.

Лъапсэрых

Кавказ зауэр илъэсищэкIэ зэрекIуэкIам псори дыщыгъуазэщ - Къэбэрдейм щызэхаублэри, убых щIыналъэм 1864 гъэм щаухащ ар. Зауэм Кавказ щIыналъэм и нэхъыбапIэм зыщиубгъуауэ щытащ, ауэ ар лъапсэрых зыхуэхъуар адыгэхэрщ: зауэм хэкIуэдам нэмыщI, я хэкур ирагъэбгынащ адыгэхэм я процент бгъущIым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар зэрыгеноцидым - апхуэдэ лей ирахащ адыгэхэм: я хэкур нэщI хъуху, лъапсэрых зауэр ящхьэщыкIакъым. Аращ геноцидкIэ зэджэр - лъэпкъыр зэтебукIэрэ и хэкум ипхумэ.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэжьхэр
ЦIыкIу щхьэкIэ, лъабжьэщ

♦Мыщэм пщIащэ техуэмэ, мэгубжь, жыг техуэмэ, зеущэху.
♦УзищIасэм и псэ ухуехь.
♦ПцIы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр джэгуакIуэщ.
♦Нэм нэ хъумэ иIэщ.
♦Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ.
♦ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэкъуэшщ.
♦Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукIэкIэ Iэзэщ.
♦Псыхъуэр жылэ тIысыпIэщ.
♦Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.
♦Уэс щесам лъэужь щыIэщ.
♦ПцIы IэфI нэхърэ пэж дыдж.
♦ЩIопщыкъурэ пэт жьы еубыд.

Ашэмэз и бжьамийм иджы «Спартак-Налшыкыр» къыдофэ

Иужь зэIущIэхэм къигъэлъагъуэ джэгукIэм жыжьэуи арэзы къызэримыщIымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм накъыгъэм и 10-м къэкIуауэ Краснодар и «Кубань»-м ди командэр бжыгъэшхуэкIэ къызэрыхигъэщIамрэ «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэм къахуигъэуващ гупым и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур трагъэкIыну. Абы и пIэкIэ екIуэкI зэпеуэр иухыхукIэ ягъэуващ Шакъ Ашэмэз.