Календарь событий

09 июня 2021

Гупсысэм псалъэхэр екIуу тезышэ

Къаныкъуэ Заринэ СэIэдулэ и пхъур Бахъсэн ­районым щыщ Къызбрун III (Дыгулыбгъуей) ­къуажэм 1969 гъэм къыщалъ­хуащ. 1986

СабийгъэгуфIэ

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къегъэщIылIауэ лажьэ сабий садым и гъэсэнхэм гъэмахуэр кърагъэблэгъащ. Сабийхэр хъумэным и махуэр абыхэм хуагъэдэхащ я гъэсакIуэхэм. Махуэр пщэдджыжь зарядкэкIэ къыщIадзащ, къэфащ. НыбжьыщIэхэр гъэмахуэм, сабиигъуэм теухуа усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ. Мел зэмыфэгъухэмкIэ асфальтым тращIыхьащ дыгъэ, лэгъупыкъу, удз гъэгъа сурэтхэр. ЦIыкIухэм шар зэмыфэгъухэр ягъэлъэтащ.

 

Ставропольем фильм щытрах

«Снег над пустыней» художественнэ фильмыр Ставропольем щытрахынущ. Ар траухуэнущ Урысейм и дзэм къулыкъу щызыщIэ и щIалэхэм Сирием щекIуэкIа зауэ гуащIэм щызэрахьа лIыгъэм.

Сышынэркъым жаIэми…

Зы лІыжь цІыкІу фызи быни имыІэжу, хуэмыщІауэ псэурт. ЩІыІи къыте­хъуауэ унэм щІэпІыщІыхь щыхъум, пхъэ къурагъ зытІущ къэслъэфынщ жиІэри мэзым ­кІуащ. ЛІыжьым, мы зы пхъэр хэслъхьэжми, схуэлъэфынщ жиІэурэ пхъэлъэфынхэр зы­рищІар зэкІэрищІэри, зы дэгъэзыкІыгъуэ тІэкІу деж къыщысым, мо дыгъафІэм уэсри  тІэкІу  текІыжауэ къыщІэкІынти, лІы­жьыр къеІэ пэтми, къыдэмыкІыф хъуащ. Лъэбакъуэ ­къичыхукІэ:
- Сыт мыгъуэ зыщІэзгъэлІэжыр, сыфызкъым, сыбынкъым, абы нэхърэ сылІащэрэт, - жиІэрти, пхъэм тетІысхьэурэ и щхьэ хуэшхыдэжырт.
Аргуэру къежьэрти, пхъэ тІэкІур къы­щы­хуэмылъэфкІэ:

Дунейм щыхъыбархэр

Урысейм хуэмыщIауэ щыпсэухэм я бжыгъэр гъэмэщIэным хуэгъэпсауэ къэралым и Правительствэм зэхилъхьа программэм зэрыщыубзыхуамкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу тхьэмыщкIэхэр хуэдитIкIэ ягъэмэщIэн, ахэр щытыкIэ гугъум кърашыфын хуейщ. 

ПСЭРЫУСЭ

«Жан» литературэ хасэм хэтхэр (унафэщIыр Къаныкъуэ Заринэщ).
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

 

Хэт нэхъ бзаджэ?

Нартхэ зы шыхъуэ, зы жэмыхъуэ, зы мэлыхъуэ яІэт. Мэлыхъуэм гъэлъэхъу пшэр иукІри, дзажэр бгыкъум фІидзэжащ, «Згъэгъунщ» жиІэри. Шыхъуэмрэ жэмы­хъуэмрэ ящибзыщІащ гъэлъэхъу зэриукІар.
Мэлыхъуэм ебзэджэкІын гугъэ ящІащ шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ:
- Дзажэр фІэтшхынщ, - жаІащ.
- Дауэ зэрыфІэтшхынур?
- И унэ дихьэнщи, тхуигъэжьэнщ. Тхуимыгъажьэмэ, хуэзэр етщІэнщ.
ЗэрыжаІам хуэдэу, мэлыхъуэм и унэ ихьащ шыхъуэм-рэ жэмыхъуэмрэ. Бысымыр и унэ истэкъыми, бысым ­гуащэм иригъэблэгъащ. Іэнэ къахуищтащ, ауэ дзажэр яхуигъэжьакъым.

ЖыгыуIур къызыхэкIар

Зы къуажэ гуэрым зэлІ­зэфызу зы лІыжь цІыкІурэ зы фызыжь цІыкІурэ ­щып­­сэурт. ЯІэ мы дуней щІыІум темыт жыхуаІэм хуэдэу, тхьэ­мыщкІэ дыдэу псэухэрт.
Зы махуэ уэрым «Пхъэ тІэкІу  къэсшэнщ,  фызыжь» жеІэри, лІыжь цІыкІур мэз макІуэ. Мэзым пхъэ пиупщІу щІэтурэ, зы нэхъ жыг ­дахэ гуэрым бгъэдыхьэри, еуэну зыщытришащІэм:
- Тхьэм и нэфІыр зыщы­хуэн лІыжь цІыкІу, сэ сыпу­мы­упщІми, пыбупщІын бгъуэ­тынщ, сыкъэгъанэ: хэт ­ищІэ­рэ, зыгуэркІэ щхьэпэ сып­хуэхъужынкІи хъунщ! - же­Іэри жыгыр къолъэІу.

Акробатикэм и пащтыхь гуащэт

Дуней псом тхуэнейрэ щытекIуа, Европэм щэнейрэ щынэхъыфIа, Урысей Федерацэм куэд дыдэрэ псоми щефIэкIа, спортым щIыхь зиIэ и мастер Кушу (Гуф) Светланэ «Акрабатикэм и пащтыхь гуащэкIэ» еджэрт блэкIа лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ дызэрытым и пэщIэдзэмрэ. Абы и гъащIэ кIэщIыр вагъуэижым хуэдэт, зэуэ нуру къызэщIэблэрэ псынщIэу ужьыхыжу, икIи гъэнщIат зэхьэзэхуэ гуащIэхэмрэ зыгъэсэныгъэ хьэлъэхэмкIэ.