Календарь событий

01 августа 2021

Жылагъуэ советым и гулъытэ

Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым ди щIыналъэм ит зыгъэ­псэхупIэхэмрэ узыншагъэр щызэ­фIагъэувэж IуэхущIапIэхэмрэ зы­щызыгъэпсэху сабийхэм яIущIэ­ныр, япсэлъылIэныр, уэршэр куп­щIафIэхэр драгъэкIуэкIыныр ­хабзэ дахэу къадогъуэгурыкIуэ. Дызэрыт илъэсми Жылагъуэ советым сабийхэр и гулъытэ щигъэщIакъым.

Псоми я фейдэ зыхэлъ зэдэлэжьэныгъэ

«Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэ­жьакIуэхэмрэ республикэм къы­щы­дэкI газет нэхъыщхьэхэм я уна­фэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным.

КIэртIофым йогугъу

Мэкъумэш  IэнатIэ

Иджыблагъэ «Губгъуэм и махуэ-2021» фIэщыгъэм щIэт семинар-зэIущIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щекIуэкIащ. Ар нэхъыбэу зытрау­хуар кIэртIоф жылапхъэфIхэр гъэхьэзырынырщ.