Календарь событий

02 августа 2021

ТекIуэныгъэм зи насып хэлъхэр

Японием щекIуэкI XXXII Гъэмахуэ олимпиадэм теухуа хъыбархэм махуэ къэс захъуэж. Урысейм икIахэм абы щаIэ ехъулIэныгъэхэм, ди лъэпкъэгъу-лъахэгъухэм спорт зэхьэзэхуэхэм я нэхъ лъагэм щадэтлъагъухэм адэкIэ щыгъуазэ фытщIыныр тфIэигъуэщ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

УадэкIэ уеуэмэ зу мывэ телъыджэхэр щыIэщ дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэ мывэшхуэхэм я нэхъ цIэрыIуэхэр щыIэщ Пенсильванием и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм (Мывэ хадэ зыфIаща щIыпIэм), Франклин округым, КъухьэпIэ Австралием и Ипщэ къуршхэмрэ Урысейм и Магадан областым хыхьэ Кандалакшэ къалэм и Iэгъуэблагъэхэмрэ.

ТекIуэныгъэм и махуэтэкъым

ШыщхьэуIум и 1-м Налшык и «Спартак»-р щыджэгуащ етIуанэ дивизионым хыхьэнур зэхэкIын папщIэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм.

Адэжь щIыналъэр и псэм хэлъу

ШыщхьэуIум и 1-р Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэщ

Адыгэ ныбжьыщIэхэр зэхашэ

Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Налшык дэт «Трэк» шхапIэм    щагъэхьэщIащ Зи хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэмрэ  гъэмахуэ  зыгъэпсэхупIэм   щыIэну ныбжьыщIэ цIыкIухэмрэ.

ЕджакIуэхэм я олимпиадэхэм къыхэжаныкIахэм республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтыр зэрыхуагъэфэщэну щIыкIэм теухуа унафэм КIуэкIуэ Казбек Iэ щIидзащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм Iэ зыщIидза «ЕджакIуэхэм я Урысейпсо олимпиадэхэм къыхэжаныкIахэм, щIыналъэ олимпиадэхэм щытекIуахэм, анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэхэмкIэ екIуэкI хэгъэгу зэхьэзэхуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм саугъэтхэр зэрыхуагъэфэщэну щIыкIэм теухуауэ» унафэр КъБР-м и Iэтащхьэм и сайтым иджыблагъэ кърагъэуващ.

Мэхъэчкъалэ и дэтхэнэ гупым уфIэкIын?

Урысей Федерацэм и кубокыр 2022 гъэм къэхьыным теухуауэ зэхаубла зэхьэзэхуэм махуипщI ипэкIэ зэхэта и пэщIэдзэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» Мэхъэчкъалэ къикIа «Динамо»-м 2:0-у зэрыщытекIуам и фIыгъэкIэ адэкIэ кIуатэри, финалым и I/I28-нэ Iыхьэм нэсат. 

«ЕхьэтиекIын» - «Адыгагъэ ехын»

Бзэ щIэныгъэхэм я доктор Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» и тхылъым къыщихьа жыIэгъуэм «хуэIэзэу зыгуэрым бгъэдыхьэн, едэхэщIэн» («найти верный подход, уговорить, обласкать») мыхьэнэращ къикIыу зыхужиIэр.