Календарь событий

04 августа 2021

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

1662 гъэм Москва цIыхухэр къыщызэрыIэтащ домбеякъым къыхэщIыкIа ахъшэ къызэрыщIагъэкIыр ямыдэу. Ар дыжьын ахъшэм хуагъадэрт, я сомым къыщIэкIыр нэхъ мащIэ, ят налогыр нэхъыбэ хъуати, цIыхубэм ар ягу техуакъым икIи цIыху минипщIым нэблагъэ пащтыхьым и деж тхьэусыхакIуэ кIуэну зэрехьэжьащ.

Зэдэлэжьэныгъэхэр зэтраухуэ

Иджыблагъэ Къэзан щекIуэкIащ «Урысейр ислъамым и дунейщ: KazanSummit 2021» экономикэмкIэ XII-нэ дунейпсо зэхыхьэр. Ар къыщызэрагъэпэщащ «Казань Экспо» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ центрым. 

ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх…

Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр къыхуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умыщIэжыну и нэгур къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэзыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъызэкъуихыу зыгуэрым къыпыгуфIыкIыфыркъым. 

Испан усакIуэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ

Усыгъэ зыфIэфI зы цIыхуи дунейм тету къыщIэкIынкъым хейуэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIэкIуэда испан усакIуэ Гарсиа Лоркэ Федерикэ и цIэр зэхимыхауэ. Адыгейми Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэувауэ щытащ адыгэбзэм кърагъэзэгъа испан усакIуэм и пьесэхэр. 

ЛIыгъэ зыхэлъхэмрэ къикIуэт зымыщIэхэмрэ

Олимп джэгухэм я етIуанэ Iыхьэм хыхьа урысей спортсменхэм гимнастикэм, алыдж-урым бэнэкIэм, боксым, волейболым, гандболым ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъагъуэ.

Ди лъахэм зыщагъэпсэху

КъБР-м Жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ ди республикэм зыщагъэпсэху Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ ныбжьыщIэхэмрэ Сирие къэралыгъуэм къикIыжауэ КъБР-м щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ.

ГъэпцIакIуэхэм защыфхъумэ

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м Урысейм МВД-м и Управленэу (УМВД) Налшык къалэм щыIэм зыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэум. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, а махуэм имыцIыху гуэр къэпсалъэри, къыжриIащ банкым и лэжьакIуэу, и ахъшэр гъэпцIакIуэхэм ящихъуэмэн папщIэ и счетым илъ сом 4I 500-р къыхуигъэлъагъуэ абонент номерхэм ирилъхьэну.

Сакъыну къыхураджэ

Бадзэуэгъуэм и 26-м щыщI эдзауэ шыщхьэуIум и 5 пщI ондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Юный пешеход» Iуэхур. Ар теухуащ сабий-лъэсырыкIуэхэр хэту гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм щыхъумэным.