Календарь событий

05 августа 2021

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

ЦIыху мин 850-м тращIыхь

    Къэбэрдей-Балъкъэрым  зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэр процент 30-кIэ нэхъыбэ хъуащ 20I9 гъэм елъытауэ. Апхуэдэу, 202I гъэм и япэ илъэс ныкъуэм щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэу мин 459-рэ и хьэщIащ.
    КъБР-м зыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат зэрыжиIэмкIэ, дызэрыт илъэсым и кIэм щогугъ зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэр мин 800-850-рэ хъуну. «Ди гуапэ мыхъуу къанэркъым гъэмахуэ, щIымахуэ пIалъэ имыIэу, зыгъэпсэхуакIуэхэр куэд къызэрыхъур», - къыхегъэщ министрым.

Мейкъуапэрэ Налшыкрэ зэпащIэу

       ШыщхьэуIум и 3-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ КъуэкIыпIэ музейм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым къиша сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
    "Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщIхэр" зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэм къыдегъэцIыху XX лIэщIыгъуэм и кIэхэм, XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ди щIыналъэм цIэрыIуэ щыхъуа сурэтыщI зэчиифIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
    Живопись, графикэ, декоративно-прикладной гъуазджэ экспозицэу 50 Къэбэрдей-Балъкъэрым къишащ КъуэкIыпIэ музейм и къудамэм и гъэтIылъыгъэхэм щыщу. Ахэр я лэжьыгъэщ сурэтыщI 46-м.

Лъэхъэнэ жыжьэм и щIэин

Монголием и щIыпIэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщщ дунейм псом цIэрыIуэ щыхъуа, Гоби къумым хиубыдэ Немегету тIуащIэр. Ар, шыпсэм къыхэкIа фIэкIа умыщIэну, щхъуэкIэплъыкIагъэу гъэщIэгъуэныщэхэр щытепщэ, нэхумрэ кIыфIымрэ щызэпэджэгу, къурш уардэ гуэудахуэхэм я лъахэ, бгы зэхуакухэр дэзытхъунщIыкIа къуэладжэ куущ.

Альпинист ныбжьыщIэхэр ягъэлъапIэ

    КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм шыщхьэуIум и 2-м зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ "Шынагъуэншагъэм и школ 202I" щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ Iуэхум и щIыналъэ Iыхьэм хэта щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Бадзэуэгъуэм и 28-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 2 пщIондэ Шхельдэ альплагерым щыIа ныбжьыщIыхэм иратыжащ "Альпинист России" бгъэхэIухэмрэ абы щыхьэт техъуэ тхылъхэмрэ.

ЩIалэгъуалэм я зэфIэкI щагъэунэху

    "Территория смысла" урысейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI. Ар мы гъэм къыщызэрагъэпэщащ Солнечногорск къалэм. Абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэгъуалэ гупи.
    Адрей гъэхэм хуэмыдэу, 2021 гъэм лIэужьыгъуитIу зэхэтщ форумыр. Абы и сэбэпкIэ зэхыхьэм ныбжьыщIэ нэхъыбэ къыхэша хъунущ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр къэунэхунущ.

Сыту пIэрэ къикIыр?

Буший. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэм зи къуэпсхэр къыщежьэ Шахэ бгыщхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ и псы бгъунж цIыкIухэм ящыщ зым апхуэдэу йоджэ.