|
Календарь событий
17 августа 2021
17 августа, 2021 - 17:51
Си гуапэу фызогъэцIыху Урысей Федерацэм щыцIэрыIуэ тхакIуэ ныбжьыщIитхум ящыщ ди лъэпкъэгъу пщащэ Мирай Мединэ.
17 августа, 2021 - 17:14
Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэгъуэр ехъулIэныгъэхэр пылъу щекIуэкIауэ къыщалъытащ Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и зэIущIэм.
17 августа, 2021 - 14:14
Кхъухьлъатэхэр транспорт лIэужьыгъуэхэм ящыщу нэхъыбэрэ къагъэсэбэпхэм, щIым и дэнэ щIыпIи кIуэфхэм ящыщми, ахэр зыщхьэщымыхьэ, уеблэмэ апхуэдэ хуитыныгъэ щамыIэ щIыпIэхэр, мащIэ дыдэми, щыIэщ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ щIыналъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Антарктидэр. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэкIэ абы и уэгум кхъухьлъатэ ихьакъым.
17 августа, 2021 - 13:27
ДыгъуакIуэр яубыдащ
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм 2021 гъэм шыщхьэуIум и 6-м зыхуигъэзащ илъэс 50 зи ныбжь, Толстойм и уэрамым тет сату щIыпIэхэм я зым и лэжьакIуэм. ЦIыхубзым зэрыжиIамкIэ, а махуэм абы и бохъшэм дэкIуэдыкIащ сом 7500-рэ. Бохъшэр тыкуэнтетыр зыбгъэдэт стIолым деж телъащ, пэшым щэхуакIуэхэр щIэтащ.
17 августа, 2021 - 13:00
Тхэквондо
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым мы махуэхэм щекIуэкIащ олимп тхэквондомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. Зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщащ «КъБР-м терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щапэщIэтын» къэрал программэм къызэщIиубыдэу.
Коронавирус узыфэм и зэранкIэ чемпионатым хэтахэр мащIэ дыдэу щытащ - абы къэкIуар щIыналъэхэм я спортмен нэхъыфIхэрщ», - жиIащ КИФЩI-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн.
17 августа, 2021 - 12:22
Археологиер тхыдэ щIэныгъэм и гуэдзэнщ. Зэреджэр алыджыбзэм къытехъукIащ, archaios - пасэрей, logos – егупсысыкIэ, зыгурыгъэIуэкIэ мыхьэнэхэр къызэрыкI псалъэхэу зэхэтщ.
17 августа, 2021 - 11:30
Налшык дэлъэдапIэм щаухуа автовокзалыр иджырей мардэм изагъэу, «Туризмым щIыналъэм зыщегъэужьын» федеральнэ программэм хыхьэу ящIащ. Ар шыщхьэуIум и I4-м къызэIуахащ.
17 августа, 2021 - 10:53
Республикэм сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм щагъэлъагъуэ художник Мамоновэ Светланэ и лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр илъэс 40 хъуауэ гъуазджэм зэрыхуэлажьэм и щIыхькIэ.
|