|
Календарь событий
18 августа 2021
18 августа, 2021 - 16:44
Армавир дэт Дзюдомрэ самбэмрэ щыхуагъэхьэзыр олимп центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей щIалэгъуалэм я V гъэмахуэ Спартакиадэр. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 12-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 21-м нэблагъэ спортсмени 125-рэ.
18 августа, 2021 - 15:15
«Бгы», «абгъа», «бгэ» жыIэкIэхэр бзэ зэблагъэхэм къызэрыщыкIуэм теухуауэ.
Адыгэбзэм хэт «бгы» псалъэр абхъаз-абазэ бзэхэм дызыщрихьэлIэ «абгъа» («бгъа») жыIэкIэм къытехъукIауэ хуегъэфащэ абхъаз щIалэ, псалъэхэм я къежьэкIэ хъуар, я лъабжьэр (этимологиер) зэхэгъэкIыным, бзэ зэблагъэхэр джыным, ахэр зэгъэпщэным куэд щIауэ дихьэх жылагъуэ лэжьакIуэ, тхыдэдж-этнолог, журналист, «Кавказыр псоми ди зэдай унэщ» проектым и къызэгъэпэщакIуэ Дасание Давид.
18 августа, 2021 - 14:44
Куэд щIакъым ди тхыгъэхэм ящыщ зым къызэрыщыхэдгъэщрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыдиIэ къурш жьанэхэм я лъабжьэкIэ зыщIэзыубгъуа мэзылъэ жьэгъухэм якIэщIэс къуажэ цIыкIухэм я къэунэхукIэ хъуар зэрытфIэгъэщIэгъуэныр.
18 августа, 2021 - 13:31
Дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, япэ адыгэ газетыр Дым Iэдэмрэ ЦIагъуэ Нурийрэ 1923 гъэм къыдагъэкIын щIадза «Адыгэ макъращ». Абы къыкIэлъокIуэ 1924 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м япэу дунейм къытехьа «Къэрэхьэлъкъыр». Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, газет Iуэхум Налшык иджыри Граждан зауэм и зэманым зэфIэувэн щыщIидзат, зи гупыжри совет тхыдэм и нэфI зыщымыхуа «офицер хужьхэращ». Абы щыгъуазэ дещI «Къэрэшейм Налшык хужьхэм я унафэм зэрыщIэтам теухуауэ къиIуэтэжахэр» зи псалъащхьэ Жансит Уэсмэн и кандидат тхыгъэм щыщ пычыгъуэм.
18 августа, 2021 - 12:24
Адыгэбзэм щыщщ
(Беслъэней адыгэбзэм и псалъалъэ)
18 августа, 2021 - 12:12
Къурмэн зэрыдукIрэ мазэ дэкIа иужькIэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ IэшрыI дощI. А махуэм нартыхум е прунжым къыхэщIыкIа хьэнтхъупс ягъавэурэ хьэблэмрэ Iыхьлымрэ къыщрахьэкI. Ар ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ зыгъэбыдэщ икIи умыгъэзащIэкIэ гуэныхь зыпылъкъым. АтIэ, дауэ къежьа IэшрыIыр икIи сыт абы и мыхьэнэр?
18 августа, 2021 - 11:33
Тыркум щыпсэу адыгэхэм гъуазджэм Iэзагъ къызэрымыкIуэ къыщызыгъэлъагъуэ куэд зэрахэтым дыщыгъуазэ пэтми, я тырку унэцIэм зэрыадыгэр щытфIигъэпщкIу къохъу. Абыхэм язщ мывэм фэеплъ инхэр къыхэзыщIыкI Ачин Нухь.
|