Календарь событий

24 августа 2021

Нобэ

Украинэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм Радэ Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Украинэр СССР-м къызэрыхэкIыжым икIи абы къэралыгъуэ щхьэхуэу зыкъызэрилъытэжым теухуауэ.
Къыргъызым и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
79 гъэм Везувий вулканыр къибыргъукIащ. Абы щIым щыщ ищIауэ щытащ Помпей, Геркуланум, Стабий къалэхэр.

Лъагъуныгъэр, пщIэр, нэмысыр

Мы гъэм илъэс 13 мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жыIэгъуэ пэжым къегъэлъагъуэ ар къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэм и быдапIэу зэрыщытыр. Апхуэдиз мыхьэнэ цIыху гъащIэм щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум.

Узыфэр лъэпощхьэпо яхуэхъуакъым

Инсулиныр къызэрагупсысрэ илъэси I00 щрикъум ирихьэлIэу, Урысейм фошыгъу уз зыпкърытхэм я ассоциацэмрэ «ГЕРОФАРМ» компаниемрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIыным епха Iуэхугъуэхэр къызэрагъэпэщащ. Ар хуэгъэпсат фошыгъу уз зыпкърыт сымаджэхэр зыуIууэ гугъуехьхэм жылагъуэм гу лъегъэтэным. А унэтIыныгъэмкIэ медицинэм зыужьыныгъэ хъарзынэхэр зригъэхъулIами, иджыри зэфIэгъэкIыпхъэхэр мащIэкъым.

ЦIыхугъэм иIэкъым кIуэдыпIэ

Налшык дэт курыт еджапIэ е 8-нэм щекIуэкIащ балъкъэр лъэпкъыр зэрыгушхуэ, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу къэралым къыхуигъэфэща къулыкъум бгъэдэта генерал-майор Зокаев Валерий къызэралъхурэ илъэс 70 зэрырикъум теухуа фэеплъ пшыхь.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэм теухуа и хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ!
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэшхуэм къэралышхуэм и цIыхубэр зэпещIэ, ар Урысей къэралыгъуэм и щхьэхуитыныгъэмрэ зыми и унафэ зэрыщIэмытымрэ, лъэпкъ куэду зэхэт цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм, псэкупсэ лъэщагъым я дамыгъэщ. Си гум къыбгъэдэкIыу псоми сынывохъуэхъу ехъулIэныгъэхэр фиIэну, фынасыпыфIэу, фыузыншэу, фефIакIуэ зэпыту фыпсэуну! Фэри фи Iыхьлыхэри зэIузэпэщагърэ фIыгъуэрэ фыщымыщIэну!
МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэ напэкIуэцIхэр

 «Кабардинка» ансамблым и къэфапIэ Курзалым щэбэт кIуам щекIуэкIащ хабзэ хъуауэ гъэ къэскIэ къызэрагъэпэщ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэ напэкIуэцIхэр» зыфIаща, гъунэгъу щIыналъэхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэгъэза фестивалыр.

Щхьэлды и Iэхэлъахэм «Алътаир» щIалэгъуалэ проектым и щIыналъэ Iыхьэр щызэфIэкIащ

Туризмэмрэ лъахэхутэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщу «Альтаир» зыфIаща щIалэгъуалэ проектым и щIыналъэ Iыхьэр иджыблагъэ зэфIэкIащ.

Япэ махуэм – медалитI

Польшэм и Цеханув къалэм щокIуэкI НыбжьыщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм медалитI къыщахьащ.
Къэрал 34-м къикIа илъэс 13-15, 16-17 зи ныбжьыр итхэм бжыгъэ хьэлъэмэтхэр зэхьэзэхуэм къыщагъэлъагъуэ. Къапщтэмэ, ди лъахэгъу Скрипко Аланэ тIэу бгъэдыхьэгъуэм килограмми 181-рэ (80/101) къиIэтащ. Ар ирикъуащ килограмм 64-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуэн папщIэ.
Гулиев Тамерлан Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам къыхуихьащ домбеякъ медалыр. Абы двоеборьем килограмм 261-рэ (117/144) къыщиIэтащ.
 

Фэеплъ зэпеуэм ди лъахэгъухэр къыщыхожаныкI

Мэзкуу дэт «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым щыщIидзащ дзюдомкIэ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Андреев В. и урысейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ. И мыхьэнэкIэ р тнэхъыфI дыдэ «А» классым хеубыдэ.